12 Мыхъуну тщӀар къытхуэгъэгъу, мыхъун къыдэзыщӀахэм дэ зэрахуэдгъэгъум хуэдэу.
Зиусхьэным гуфӀэгъуэ хэвгъуатэ Тхьэм хуэщыпкъэхэм; зигукӀэ захуэхэм щӀыхь ящӀыныр къокӀу.
Мы санэр – Тхьэм езымрэ и цӀыхухэмрэ яку дилъхьа зэгурыӀуэныгъэр зыгъэщыпкъэ си лъыращ. ЦӀыху куэдым фӀы къахудэкӀуэурэ, сэ къысщӀэкӀыну лъыращ, я гуэныхьхэр къахуэгъун щхьэкӀэ.
Пкъыуэ хъуа лӀы гуэр, алэрыбгъум телъу, Хьисэ деж къахьащ. Абыхэм я фӀэщхъуныгъэр щилъагъум, Хьисэ пкъыуэ хъуа лӀым жриӀащ: – Умыдзыхэ, си щӀалэ! Уи гуэныхьхэр къыпхуэгъуащ.
Тхьэм фыщелъэӀукӀэ, фигу зыгуэрым ебгъамэ, хуэвгъэгъу, фи Адэ лъапӀэу уафэм щыӀэм фэ мыхъумыщӀагъэу фщӀар къыфхуигъэгъун щхьэкӀэ.
Дэ гуэныхьу тщӀахэр къытхуэгъэгъу, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ мыхъун къыдэзыщӀэ дэтхэнэми дэри худогъэгъури. ШейтӀаным гуэныхь дигъэлэжьыну хуит умыщӀ, абы дыщыхъумэ».
Е Силоам зи цӀэ щӀыпӀэм ит бэтэгъейр къызэтеуэу щӀипӀытӀа цӀыху пщыкӀуийр Ерусалим дэс цӀыху псоми нэхърэ нэхъ къуаншэу фи гугъэ?
– Хьэкум зыми тевмыщӀыхьи, Тхьэми хьэкум фэ къыфтрищӀыхьынукъым. Зыри фымыгъэкъуанши, Тхьэми фигъэкъуэншэнукъым. ЦӀыхухэм яхуэвгъэгъу, Тхьэм фэри къыфхуигъэгъунущ.
Аращи, си къуэшхэ, мыр зэвгъащӀэ, фэ гуэныхьу фщӀар Хьисэ къызэрыфхуигъэгъужынум и хъыбар фхудоӀуатэ.
Мэссихь и лъыуэ жорым щыщӀэкӀамкӀэ ди щхьэхэр ищэхужащ, ди гуэныхьхэри къытхуигъэгъуащ, Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэшхуэм тету.
Зыр зым фӀыуэ хущрет, гущӀэгъу зэхуэфщӀ икӀи зым адрейм хуэвгъэгъу, Мэссихь и хьэтыркӀэ Тхьэм фэ къызэрыфхуигъэгъуам хуэдэу.
Зым зыр ирешыӀэ икӀи зым зым гукъанэ гуэр хуиӀэмэ, зэхуэвгъэгъу. Мэссихь къызэрыфхуигъэгъуам хуэдэу, фэри зэхуэвгъэгъу.