Маттэ 6:10 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр10 Уи Тепщэныгъэшхуэр* кърекӀуэ. Уэ узыхуейр уафэм зэрыщыхъум хуэдэу, щӀылъэми щрехъу. Faic an caibideil |
Уафэм макъ лъагэ гуэр къиӀукӀри, мыпхуэдэу жиӀэу зэхэсхащ итӀанэ: «ДымыкӀуэду ди Тхьэм дыкъригъэлащ иджы. Ди Тхьэм и лъэкӀыныгъэшхуэмрэ и Тепщэныгъэшхуэмрэ къэлъэгъуащ иджы, езы Тхьэм и Мэссихь и къаруушхуэри къэлъэгъуащ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ди къуэшхэр зыгъэмысэу, Тхьэм и пащхьэм жэщи махуи ахэр щызыгъэкъуаншэр щӀылъэм кърадзыхащ.
Тахътэхэри а тахътэхэм тес адрей цӀыхухэм хьэкум ятезыщӀыхьыну Тхьэм тепщэныгъэ зрита цӀыхухэри слъэгъуащ итӀанэ. Хьисэ щыхьэт хуэхъуу, Тхьэм и псалъэхэм цӀыхухэр ирагъэдаӀуэу зэрыщытам щхьэкӀэ зи щхьэ паупщӀахэм я псэхэри слъэгъуащ. Хьэщхьэвылъэмрэ абы и сурэтымрэ ягъэлъэпӀэгъакъым абыхэм, я натӀэми я Ӏэхэми хьэщхьэвылъэм и дамыгъэр традзэнуи ядэгъакъым. Ахэр къэхъужри, Мэссихь и гъусэу илъэс минкӀэ тепщэныгъэ яӀэ хъуащ.