1 – Псапэ щыфщӀэкӀэ, цӀыхухэм евгъэгъэщӀэгъуэн мурадкӀэ абыхэм ялъагъуу зэрывмыщӀэным фыхуэсакъ. Армыхъумэ, фи Адэ лъапӀэу уафэм щыӀэм ӀыхьэфӀыр къыфхуигъэфэщэнукъым.
фыз мылъхуэр анэ хъуауэ, сабийм ящыгуфӀыкӀыу, унэм ирегъэтӀысхьэж. Зиусхьэным щӀыхь хуэфщӀ!
ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр, и мелыӀычхэр щӀыгъуу, и Адэм и щӀыхьышхуэм хуэдэ щӀыхьышхуэ иӀэу къэкӀуэжынущ. Хэти ищӀам хуэфащэ иригъэгъуэтыжынущ абы щыгъуэ.
Хьисэ абыхэм яжриӀащ: – Фысакъ! Фарисейхэмрэ саддукейхэмрэ я пщагъэм зыщыфхъумэ.
– Гъуэгу мыгъуэ фытеуващ, торэт егъэджакӀуэ пашэхэри фарисейхэри, бзитӀщхьитхэ! Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм и куэбжэр цӀыхухэм я пащхьэм щывгъэбыдэ. Фэ езыхэри а тепщэныгъэшхуэм фыщӀыхьэркъым, щӀыхьэну хуейхэри хуит фщӀыркъым.
– Абыхэм я ӀуэхуфӀ псори цӀыхухэм ирагъэлъагъун щхьэкӀэщ щӀащӀэр. Абыхэм я нэмэз пхъуантэ цӀыкӀуэхэр нэхъ ин, я фащэ кӀыхьхэм я къуакӀэр нэхъ кӀыхь ящӀ.
– Пащтыхьым абыхэм жэуап яритынущ: «Пэжыр нывжызоӀэ, си къуэш* я нэхъ цӀыкӀу дыдэхэм ящыщ гуэрым хуэфщӀар сэ къысхуэфщӀауэ мэхъу».
Аращи, цӀыхухэм я пащхьэм фи нэхур щреблэ, фи фӀыщӀагъэхэр ялъагъуу, фи Адэ лъапӀэу уафэм щыӀэм щӀыхь хуащӀын щхьэкӀэ.
ФӀыуэ фыкъэзылъагъухэм фӀэкӀа фӀыуэ фымылъагъужмэ, сыт хуэдэ ӀыхьэфӀ фызыщыгугъыр? Хьэкътын ахъшэр хэзыххэм ар дыдэр ящӀэркъэ?
Аращи, фи Адэ лъапӀэу уафэм щыӀэм и щыпкъагъэм щыщӀагъэ лъэпкъ хэмылъу, ар нэгъэсауэ зэрыщытым хуэдэу, фи щыпкъагъэми щыщӀагъэ лъэпкъ хэмылъу, фэ цӀыху нэгъэсауэ фыщытын хуейщ.
– ФынэщӀын щыхъукӀэ, цӀыху фэрыщӀхэм ещхьу нэщхъеифэ зытевмыгъауэ; зэрынэщӀыр цӀыхухэм ирагъэлъагъун щхьэкӀэ, абыхэм я нэщхъыр зэхалъхьэ. Пэжыр нывжызоӀэ, абыхэм я Ӏыхьэр ягъуэтакӀэщ.
– Тхьэм мыпхуэдэу фелъэӀу: «Уэ ди Адэ лъапӀэу уафэм щыӀэ! Уи цӀэр цӀыхухэм ирегъэлъапӀэ.
Хьисэ абыхэм быдэу яжриӀащ: – Фысакъ! Фарисейхэм я пщагъэмрэ Ирод пащтыхьым и пщагъэмрэ защыфхъумэ.
Аращи, нэхуу пхэлъыр кӀыфӀ зэрымыхъуным хуэсакъ.
Арати, увыпӀэ ямыгъуэту цӀыхур мин бжыгъэкӀэ гупышхуэурэ къыщызэхуэсым, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм яжриӀэу щӀидзащ: – Фарисейхэм я пщагъэу я бзитӀщхьитӀыгъэм фыхуэсакъ.
ИтӀанэ цӀыхухэм яжриӀащ: – Фысакъ! Фымынэпсей, цӀыхум сыт хуэдиз мылъку иӀэми, абы и гъащӀэм къыпищэркъыми.
Хьисэ абыхэм яжриӀащ: – Фэ цӀыхухэм я пащхьэм щыпкъагъэ фигу илъ хуэдэу фэ зыщытывогъауэ, ауэ фэ фи гум илъыр Тхьэм ещӀэ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ цӀыхухэм ягъэлъапӀэ Ӏуэхугъуэхэр Тхьэм дежкӀэ пуд дыдэщ.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и щытхъум нэхърэ цӀыхухэм я щытхъур нэхъ я гуапэти.
Тхьэ закъуэм къыбгъэдэкӀ щытхъум фымылъыхъуэу, зыр зым фыщытхъужмэ, дауэ фӀэщхъуныгъэ фиӀэ зэрыхъунур?
Ар щилъагъум, Петр цӀыхухэм яжриӀащ: – Израил цӀыхухэ, сыт ар щӀэвгъэщӀагъуэр? Сыт апхуэдизу дэ фыкъыщӀыдэплъыр? Дэр-дэру къаруушхуэ диӀэу, е Тхьэр ину зэрыдгъэлъапӀэм щхьэкӀэ, мы лӀым и лъэр къыщӀэдгъэувэжауэ фи гугъэ?
Дунейм и цӀыхухэм я щытхъум хуейхэращ сунэт зевгъэщӀын хуейуэ фыхэзыгъэзыхьхэр. Апхуэдэу щӀащӀ закъуэр Мэссихь и жорым щхьэкӀэ езыхэм гугъуехь зрамыгъэшэчыну арщ.
Мысырым и мылъку псоми нэхърэ Мэссихь щхьэкӀэ езыр ягъэпудыныр нэхъ къулеигъэу илъытащ, ӀыхьэфӀу къылъысынум пэплъу щытащи.
Апхуэдэу зэрыщытым къыхэкӀкӀэ, Тхьэм и гъуэгум дытемыкӀын щхьэкӀэ, зэхэтха псалъэхэм куэду ди нэӀэ ятедгъэтын хуейщ.
Тхьэр захуэщ. Фэ влэжьа Ӏуэхур щыгъупщэнукъым. Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм дэӀэпыкъуэгъу фазэрыхуэхъуамкӀи иджыри дэӀэпыкъуэгъу фазэрыхуэхъумкӀи Тхьэм хуэвгъэлъэгъуа фӀылъагъуныгъэр щыгъупщэнукъым.
Фэ фщӀа Ӏуэхур фымыгъэкӀуэд икӀи фи ӀыхьэфӀыр ирикъуауэ вгъуэтын щхьэкӀэ, фызыхуэсакъыж.