Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Маттэ 5:9 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

9 Гъуэгу махуэ теуващ цӀыхухэр зэзыгъэкӀужхэр, абыхэм «Тхьэм ибынкӀэ» еджэнущи.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Маттэ 5:9
31 Iomraidhean Croise  

Махуэм и ягъэ къуигъэкӀынкъым дыгъэм, жэщым и ягъэ – мазэм.


Си фӀыщӀагъэм бзаджагъэр къыпагъэуври, сигу ягъэкӀуэд.


фи Адэ лъапӀэу уафэм щыӀэм и бын фыхъун щхьэкӀэ. Абы и дыгъэр цӀыху бзаджэхэми цӀыхуфӀхэми къахукъуегъэкӀ, щыпкъагъэ зигу илъхэми имылъхэми уэшх къахурегъэшх.


Аращи, фи Адэ лъапӀэу уафэм щыӀэм и щыпкъагъэм щыщӀагъэ лъэпкъ хэмылъу, ар нэгъэсауэ зэрыщытым хуэдэу, фи щыпкъагъэми щыщӀагъэ лъэпкъ хэмылъу, фэ цӀыху нэгъэсауэ фыщытын хуейщ.


Ахэр мелыӀычхэм ещхьщ, я псэ пытынущ, лӀахэм къахэтэджыкӀыжащи, Тхьэм и быну щытщ.


Фи бийхэр фӀыуэ флъагъу, абыхэм фӀы яхуэфщӀэ, къыфхуащӀэжынкӀэ фащымыгугъыу щӀыхуэ ефт. Апхуэдэу фщӀымэ, Тхьэм къыфхуигъэфэщэну ӀыхьэфӀыр ин хъунущ, Тхьэуэ Лъагэм и бынуи фыщытынущ; фӀыр зыхуэдэр зыгурымыӀуэ цӀыхухэми, цӀыху бзаджэхэми Тхьэр фӀыуэ яхущытщи.


И къуэшхэм ящыщу цӀыхуитӀ зэзауэу Мусэ етӀуанэ махуэм щилъагъум, ахэр зэригъэкӀужын щхьэкӀэ, яжриӀащ: «Фэ лӀитӀыр фызэкъуэшщ, сыт зыр адрейм фыщӀекъуэншэкӀыр?»


Ӏэмал иӀэмэ, фи Ӏэм къикӀым хуэдизкӀэ цӀыху псоми фазэрыгурыӀуэным фыхущӀэкъу.


Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм игъэӀурыщӀэ цӀыху псори Тхьэм и бынщ.


Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм Тхьэм дызэрибынхэр жиӀэурэ, дигухэм ящӀыгъуу абы щыхьэту тоувэ.


Тхьэм къигъэщӀа псори гузавэу поплъэ абы. Зыпэплъэр Тхьэм езым и бынхэм а щӀыхьышхуэр яӀэ зэригъэхъур езым къигъэщӀа псоми къащригъэлъагъуну махуэр арщ.


Ауэ иджы зэрыхъумкӀэ, зы къуэшым адрей къуэшыр хеящӀэм и пащхьэм ирешэ – фӀэщхъуныгъэ зимыӀэхэм я пащхьэрщ апхуэдэу щищӀри.


ИкӀэм-икӀэжым, си къуэшхэ, фыгуфӀэ, фи щыпкъагъэм щыщӀагъэ лъэпкъ хэмылъу, цӀыху нэгъэса фызэрыхъуным фыхущӀэкъу, фыгушхуэ, фи гупсысэкӀэр зы ирехъу, гузэгъэгъуэ фиӀэу фыпсэу. ФӀылъагъуныгъэрэ гузэгъэгъуэрэ зи деж къикӀ Тхьэр фи гъусэнущ итӀанэ.


Аращи, Мэссихь дрилӀыкӀуэщ. Ди жьэкӀэ Тхьэр ныволъэӀу. Мэссихь и цӀэкӀэ дыныволъэӀу: Тхьэм фекӀуж.


Ауэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм къыбгъэдэкӀ фӀыхэр мыращ: ФӀылъагъуныгъэр, гуфӀэгъуэр, гузэгъэгъуэр, шыӀэныгъэр, фӀыгъуэр, гущӀэгъуныгъэр, фӀэщхъуныгъэр,


Сэ, Зиусхьэным сызэрыхуэлажьэм щхьэкӀэ, лъэхъуэщым сыщӀадзауэ сыщӀэсу сыныволъэӀу: Тхьэм фыкъызыхуриджа псэукӀэм хуэфащэу фыпсэу.


Зиусхьэныр я псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ, Еводие Синтихие цӀыхубзхэм зы гупсысэкӀэ яӀэ хъуну солъэӀу.


Зым зыр ирешыӀэ икӀи зым зым гукъанэ гуэр хуиӀэмэ, зэхуэвгъэгъу. Мэссихь къызэрыфхуигъэгъуам хуэдэу, фэри зэхуэвгъэгъу.


ЦӀыху псоми фазэрыгурыӀуэнми гукъабзагъэри зэрывиӀэнми фыхущӀэкъу; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ гукъабзагъэ имыӀэмэ, зыми Зиусхьэныр илъагъунукъым.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan