8 Гъуэгу махуэ теуващ зигу къабзэхэр, абыхэм Тхьэр ялъагъунущи.
Екъуб фӀищащ а щӀыпӀэм цӀэуэ Пэниел, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ, жиӀащ абы, «Сэ слъэгъуащ Тхьэр, ди нэгу зэхуэгъэзауэ, итӀани псэууэ къелащ си псэр».
Зиусхьэным жызоӀэ сэ: «Уэращ си Зиусхьэныр; фӀыуэ сиӀэр къызыбгъэдэкӀыр* Уэращ».
Сыгъэлъагъу, Зиусхьэн, уи гъуэгухэр, сащыгъэгъуазэ уи лъагъуэхэм.
Сэ Тхьэм и унэшхуэм къыщытӀэпӀ зейтун жыгым сыхуэдэщ. Тхьэм и лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжыр игъащӀэкӀэ си гугъапӀэщ сэ,
УзэкӀуэдылӀэн псалъэу щыӀэхэр уэ уи щӀасэщ, уэ бзэгу хьилэщ.
Сыт щхьэкӀэ, ди Тхьэ, дыхыфӀэбдзэжыпа? Уи хъупӀэм ит мэлым уи губжьыр сыт щхьэкӀэ яхузэщӀэбгъэплъа?
Абыхэмрэ дэрэ дякум Тхьэм зэхэгъэж къыдилъхьакъым, абыхэм ягури фӀэщхъуныгъэмкӀэ игъэкъэбзэжащи.
Ӏуэху псори ӀупщӀу уэзымыгъэлъагъу гъуджэм диплъэм хуэдэщ иджыпстукӀэ, ауэ а махуэ гъэувам псори ӀупщӀу тлъагъунущ, ди пащхьэ ит цӀыхур ӀупщӀу зэрытлъагъум хуэдэу. Си щӀэныгъэр нэгъэсауэ щыткъым иджыкӀэ, ауэ а махуэм псори сщӀэнущ, Тхьэм щыпкъэу сызэрищӀэм хуэдэу.
ФӀыуэ слъагъухэ, Тхьэм а ӀуэхуфӀхэмкӀэ дыкъызэригъэгугъам щхьэкӀэ дипкърэ дигурэ зыгъэуфӀей псори зыхэдвгъэгъэкъэбзыкӀи, Тхьэм и фӀэлӀыкӀ ди гум илъу, дигу нэхь къабзэ зэрыхъуным и ужь дивгъэт.
Зигу къабзэ цӀыхухэм я дежкӀэ псори къабзэ мэхъу, ауэ зигу мыкъабзэ цӀыхухэм я дежкӀи, ТхьэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ зимыӀэхэм я дежкӀи къабзэ зыри щыӀэкъым. Я акъылри ныкъуэщ. Ягухэми ери фӀыри зэхагъэкӀыфыркъым.
Аращи, Хьисэ и лъыр ди гум триутхэу, дигукӀэ мыхъумыщӀэ зыри зыдэдмыщӀэжыну зэригъэкъэбзэжам щхьэкӀи, дипкъхэр псы къабзэкӀэ зэрыттхьэщӀам щхьэкӀи, ди гум щыпкъагъэрэ фӀэщхъуныгъэшхуэрэ илъу, Тхьэм пэгъунэгъу дывгъэхъу.
ЦӀыху псоми фазэрыгурыӀуэнми гукъабзагъэри зэрывиӀэнми фыхущӀэкъу; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ гукъабзагъэ имыӀэмэ, зыми Зиусхьэныр илъагъунукъым.
Абы нэхърэ нэхъыбэу лӀэныгъэр къызыхэкӀ Ӏуэхухэм дапыкӀыжыну, гъащӀэрэ щыпкъагъэрэ зиӀэ Тхьэм дыхуэлэжьэну, Мэссихь и лъым дигухэр егъэкъэбзэж. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэу сыт щыгъуи щыӀэм и лъэкӀыныгъэкӀэ Мэссихь къурмэныпхъэ нэсу езы Тхьэм зритащ.
Ауэ уафэм къикӀ акъылыфӀагъэр, япэрауэ къабзэщ, итӀанэ зэкӀужыныгъэ хэлъщ, гущабэщ, ӀурыщӀэщ, гущӀэгъу хэлъ зэпытщ, фӀы ищӀэ зэпытщ, захуэщ, гъэпцӀагъи хэлъкъым.
Тхьэм гъунэгъу зыхуэфщӀи, езыми гъунэгъу зыкъыфхуищӀынущ. Фи Ӏэхэр вгъэкъабзэ, фэ, гуэныхь зыщӀэхэм, фигухэр вгъэкъабзэ, фэ, теубыдагъэ зимыӀэу гупсысэ дыкъуакъуэ зиӀэхэм.
Щыпкъагъэм фызэредэӀуам щхьэкӀэ фи гур къабзэ хъуащ. Фи къуэшхэр, пцӀы хэмылъу, фӀыуэ фолъагъу. Гу къабзагъэкӀэ фӀыуэ фызэрылъагъу зэпыт,
Тхьэм и нэгур ялъагъунущ абыхэм, и цӀэри я натӀэхэм тетхауэ щытынущ.