7 Гъуэгу махуэ теуващ гущӀэгъу зиӀэхэр, абыхэм гущӀэгъу ягъуэтынущи.
Зиусхьэныр цӀыху лъэпкъ псоми лъагэу ящхьэщытщ; Абы и щӀыхьыр уафэгум ищхьэкӀэ нос.
фыз мылъхуэр анэ хъуауэ, сабийм ящыгуфӀыкӀыу, унэм ирегъэтӀысхьэж. Зиусхьэным щӀыхь хуэфщӀ!
Тхьэм фыщелъэӀукӀэ, фигу зыгуэрым ебгъамэ, хуэвгъэгъу, фи Адэ лъапӀэу уафэм щыӀэм фэ мыхъумыщӀагъэу фщӀар къыфхуигъэгъун щхьэкӀэ.
Фи бийхэр фӀыуэ флъагъу, абыхэм фӀы яхуэфщӀэ, къыфхуащӀэжынкӀэ фащымыгугъыу щӀыхуэ ефт. Апхуэдэу фщӀымэ, Тхьэм къыфхуигъэфэщэну ӀыхьэфӀыр ин хъунущ, Тхьэуэ Лъагэм и бынуи фыщытынущ; фӀыр зыхуэдэр зыгурымыӀуэ цӀыхухэми, цӀыху бзаджэхэми Тхьэр фӀыуэ яхущытщи.
Фэ (хамэ лъэпкъхэр) Тхьэм федаӀуэу щытакъым, ауэ израил лъэпкъыр Тхьэм зэремыдэӀуам щхьэкӀэ Тхьэм гущӀэгъу къыфхуищӀащ иджы.
Хъыджэбзхэм ятеухуауэ Зиусхьэным ищӀа унафэ сиӀэкъым. Ауэ Зиусхьэным и нэфӀ щыхуэныгъэкӀэ узыщыгугъ хъун цӀыхуу сызэрыщытым къыхэкӀкӀэ мы Ӏуэхугъуэм сызэреплъыр нывжызоӀэ.
Аращи, Тхьэм и нэфӀ къытщыхуэри, Тхьэм мы Ӏуэхур ди пщэм къыдилъхьащи, ди гур дгъэкӀуэдыркъым.
Зыр зым фӀыуэ хущрет, гущӀэгъу зэхуэфщӀ икӀи зым адрейм хуэвгъэгъу, Мэссихь и хьэтыркӀэ Тхьэм фэ къызэрыфхуигъэгъуам хуэдэу.
Фэ, гукъабзагъэ зиӀэ Тхьэм къыхиха цӀыхухэм, абы фӀыуэ илъагъухэм, гущӀэгъунри, фӀыгъуэри, мыпэгэнри, гущабагъэри, шыӀэныгъэри фи гум ивгъэлъ.
Сэ ар згъэпцӀу, абы и цӀыхухэм гугъуехь езгъэшэчу икӀи абы сыхущӀэджэу щыта пэтми, гущӀэгъу къысхуищӀащ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фӀэщхъуныгъэ симыӀэу, злэжьу щыта Ӏуэхухэр зыхуэдэр къызгурымыӀуэу сыпсэуэ щытати.
Ауэ Хьисэ Мэссихь псоми япэ сэ гущӀэгъу къыщӀысхуищӀар ар къызэрысхущытымкӀэ и шыӀэныгъэшхуэр здынэсыр къигъэлъэгъуэн икӀи езымкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ хъун цӀыхуу, мыкӀуэдыжын гъащӀэ зыгъуэтынухэм щапхъэ сахуэхъун щхьэкӀэщ.
Аращи, дэӀэпыкъуэгъу дыхуэныкъуэ щыхъукӀэ, Тхьэм гущӀэгъу къытхуищӀын икӀи и нэфӀ къытщыхуэн щхьэкӀэ Зи гущӀэгъур иным и тахътэм дыгушхуауэ девгъэкӀуалӀэ.
Тхьэр захуэщ. Фэ влэжьа Ӏуэхур щыгъупщэнукъым. Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм дэӀэпыкъуэгъу фазэрыхуэхъуамкӀи иджыри дэӀэпыкъуэгъу фазэрыхуэхъумкӀи Тхьэм хуэвгъэлъэгъуа фӀылъагъуныгъэр щыгъупщэнукъым.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зи гум гущӀэгъу имылъым Тхьэм гущӀэгъу къыхуимыщӀу хьэкум къытрищӀыхьынущ. Ауэ гущӀэгъур гъэкъуэншэным нэхърэ нэхъ лъэщщ.
Ауэ уафэм къикӀ акъылыфӀагъэр, япэрауэ къабзэщ, итӀанэ зэкӀужыныгъэ хэлъщ, гущабэщ, ӀурыщӀэщ, гущӀэгъу хэлъ зэпытщ, фӀы ищӀэ зэпытщ, захуэщ, гъэпцӀагъи хэлъкъым.
Пасэм фэ Тхьэм и лъэпкъыу фыщытакъым, иджы абы фрилъэпкъщ. Пасэм Тхьэм гущӀэгъу къыфхуищӀыртэкъым, иджы гущӀэгъу къыфхуещӀ.