Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Маттэ 5:6 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

6 Гъуэгу махуэ теуващ щыпкъагъэм хуэзэшхэр икӀи хуэлӀэхэр, абыхэм яхурикъун щыпкъагъэ ягъуэтынущи.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Маттэ 5:6
29 Iomraidhean Croise  

Гилеад, Мэнашэ сысейщ; Эфраим – си тажщ; Иудэ – си дыщэ башщ.


КъиутӀыпщри и шабзэшэхэр къатрипхъащ и бийхэм, ирикъухьащ ахэр бжыкӀэ.


лажьэ зимыӀэм щэхуу еуэнхэу; ахэр йоуэ абы, мыӀэнкуну, шынэхэркъым.


Щхьэщэ къыпхуащӀ зэрыщӀыгуу, пхужаӀэ щытхъу уэрэд, уи цӀэм уэрэд хужаӀэ».


Зиусхьэн! Уэ уи щӀыгум нэфӀкӀэ укъеплъыгъащ, Екъуб и мылъкур ебгъэгъуэтыжыгъащ.


ХуэмыщӀахэм тыгъэфӀхэр яритащ, ауэ бейхэр ӀэнэщӀу къигъэнащ.


Фэ, иджы мэжэщӀалахэр, гъуэгу махуэ фытеуващ, зывгъэнщӀыжынущи. Фэ иджы пыхьэхэр, гъуэгу махуэ фытеуващ, фыгуфӀэжынущи.


фэ иджы зызыгъэнщӀахэр, гъуэгу мыгъуэ фытеуващ, фымэжэлӀэжынущи. Фэ, иджы гуфӀэхэр, гъуэгу мыгъуэ теуващ, фыгъыжынущ икӀи фыпыхьэжынущи.


– Ауэ сэ ест псым ефэр игъащӀэкӀэ псы хуэлӀэжынукъым. Сэ абы естыну псыр цӀыхум игу илъу, зэи мыгъуж псынэ хуэхъунущ, мыкӀуэдыжын гъащӀи а псынэм къритынущ.


Шхыныгъуэ кӀуэдыжынум и ужь фимыт, зи ужь фитын хуейр цӀыхухэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ езыт шхыныгъуэрщ. А шхыныгъуэращ ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм къывитынур, Тхьэуэ Адэ лъапӀэм ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр зэридэм и щыхьэт мыхъурыр абы къытригъэуащи.


Махуэшхуэхэм ящыщу иужьрей я нэхъ лъапӀэ махуэм къэуври, Хьисэ макъ хэӀэтыкӀакӀэ жиӀащ: – Псы хуэлӀэр си деж кърекӀуи, ирефэ.


ИгъащӀэкӀэ мэжэлӀэжынукъым, псыи хуэлӀэжынукъым. Дыгъэри хуабагъэшхуэри абыхэм къегуэуэжынукъым.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan