Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Маттэ 4:7 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

7 – Тхьэм и псалъэу тхахэм мыпхуэдэу хэтщ, – жиӀащ Хьисэ, – «Зиусхьэну уи Тхьэр умыгъэунэху».

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Маттэ 4:7
21 Iomraidhean Croise  

кӀыфӀымрэ ажал жьауэмрэ къыхишыжри, я Ӏэхъулъэхъухэри икъутащ.


Фащэ лъапӀэ фщыгъыу, Тхьэм и унэшхуэм щхьэщэ щыхуэфщӀ Зиусхьэным. Абы и пащхьэм щрекӀэзыз зэрыщӀыгуу!


Хьисэ къыжраӀащ: – Абыхэм жаӀэр зэхэпхрэ? – Зэхызох, – яжриӀащ Хьисэ, – ауэ феджакъэ Даут Тхьэм мыпхуэдэу зэрыжриӀам: «Сабийхэмрэ сабий быдзафэхэмрэ я жьэкӀэ щӀыхь зыхуебгъэщӀащ»?


Хьисэ яжриӀащ итӀанэ: – Тхьэм и псалъэу тхахэм мыпхуэдэу зэрыхэтым феджакъэ? «УхуакӀуэхэм зрамыпэсу хыфӀадзэжа мывэр унэр зытезыӀыгъ мывэ лъабжьэ хъуащ. Мыр Зиусхьэным къыбгъэдэкӀ Ӏуэхущ, икӀи ар дэ тфӀэтелъыджэщ».


– Си ужь икӀ, шейтӀан! – жриӀащ абы Хьисэ. – Тхьэм и псалъэу тхахэм хэтщ: «Зиусхьэну уи Тхьэр бгъэлъапӀэурэ, узыхуэлэжьэн хуейр абы и закъуэщ».


– Тхьэм и псалъэу тхахэм хэтщ, – жиӀащ Хьисэ, – «ЩӀакхъуэ къудейкъым цӀыхур зэрыпсэунур, атӀэ дэтхэнэ псалъэу Тхьэм къыбгъэдэкӀырщ».


– Тхьэм и псалъэу тхахэм хэтщ, – жэуап иритыжащ Хьисэ абы, – «Зиусхьэну уи Тхьэр умыгъэунэху!»


Дэри ди адэжьхэми тхуэмыхьа хьэлъэр ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм ятефлъхьэу, сыт Тхьэр вгъэунэхуну и ужь фыщӀитыр?


– Сыт Зиусхьэным и Псэ ЛъапӀэр вгъэунэхуну фыщӀызэгурыӀуар? – жриӀащ Петр абы. – Мис, уэ уи щхьэгъусэм и хьэдэр щӀэзылъхьэжахэр къыщӀохьэ, уэ уи хьэдэри щӀахынущ.


Зиусхьэнри дывмыгъэгъэунэху, абыхэм ящыщ зыкъомым зэращӀу щытам хуэдэу. Ахэр блэхэм яукӀащ.


(Тхьэм мыпхуэдэуи жеӀэ:) «Губгъуэ нэщӀым фи адэжьхэм си шыӀэныгъэр здынэсри си Ӏуэхухэр зыхуэдэри щагъэунэхуну хэтащ. Си Ӏуэхухэри ялъагъуу щытащ илъэс плӀыщӀкӀэ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan