Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Маттэ 4:25 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

25 Галилей хэкуми, КъалипщӀ зи цӀэ хэкуми, Ерусалими, Иудей хэкуми, Иордан псым и адрыщӀым щыщхэри Хьисэ и ужь гупышхуэу иуващ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Маттэ 4:25
11 Iomraidhean Croise  

Абыхэм я мурадыр къыщищӀэм, Хьисэ а щӀыпӀэм икӀыжащ. Хьисэ и ужь цӀыху куэд иуващ, икӀи абыхэм яхэт сымаджэ псори игъэхъужащ.


Абы и ужь иту цӀыху куэд кӀэлъыкӀуащ икӀи абыхэм яхэт сымаджэхэр а хэкум щигъэхъужащ.


«Завулон, Неффалим хэкухэр, псы Ӏуфэм Ӏус хэкур, Иордан псым и адрыщӀым щыӀэ хэкур, хамэ лъэпкъхэм я хэку Галилей!» (Абыхэм тепсэлъыхьу, бегъымбарым мыпхуэдэу жиӀащ:)


ЦӀыху гупышхуэхэр щилъагъум, Ӏуащхьэм дэкӀуейри, Хьисэ етӀысэхащ. ЩетӀысэхым, и гъуэгу ирикӀуэхэр абы къыбгъэдыхьащ.


Ӏуащхьэм къыщехыжым, Хьисэ и ужь цӀыху гупышхуэ куэд итт.


Арати, лӀыр ежьэри, Хьисэ къыхуищӀа фӀыгъуэр КъалипщӀ хэкум щиӀуэтэжу щӀидзащ икӀи зэхахар псоми ягъэщӀэгъуащ.


Щэбэт махуэр къыщысым, синэгуэгум кӀуэри, Тхьэм и псалъэхэр цӀыхухэм яригъащӀэу щӀидзащ. Абы едэӀуа цӀыху куэдым ягъэщӀагъуэу жаӀащ: – Мы лӀым жиӀэхэр дэнэ къыздрихар? Сыту акъылыфӀагъэ кърита абы Тхьэм! Сыту Ӏуэху телъыджэ абы и Ӏэм илэжьрэ!


Хьисэ къалэхэу Тиррэ Сидонрэ я Ӏэхэлъахэм къикӀщ, КъалипщӀ зи цӀэ хэкум къыкӀуэцӀрыкӀри, Галилей гуэлым къекӀуэлӀэжащ абы и ужькӀэ.


Абыхэм я гъусэу Ӏуащхьэм къехыжри, Хьисэ сэтейм къыщыувыӀащ. И гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщу гупышхуэ абдежым щытт. Абыхэм нэмыщӀуи, цӀыху гупышхуэ Иудей хэку псоми, Ерусалими, къалэхэу Тиррэ Сидонрэ зыӀут хы Ӏуфэхэми къикӀыурэ абдежым къыщызэхуэсащ.


Сымаджэ псори зыгъэхъужыф къару и пкъым къыхэкӀыу зэрыщытам щхьэкӀэ, цӀыху псори хущӀэкъурт Хьисэ зэреӀусэным.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan