Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Маттэ 4:13 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

13 Назарет къалэм дэкӀыжщ, Завулон, Неффалим хэкухэм ящыщу псы Ӏуфэм Ӏут Капернаум къалэм кӀуэри дэтӀысхьащ ар.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Маттэ 4:13
17 Iomraidhean Croise  

Уэ, Капернаум къалэ, уафэм удэкӀуеину? Хьэуэ, жыхьэнмэм и кууупӀэм нэсыху укӀуэцӀрыхунущ, уи деж щызлэжьа Ӏуэхушхуэхэр Содом къалэм щызлэжьатэмэ, ар иджыри къэс щытынути.


Капернаум къалэм къыщыкӀуам щыгъуэ, Тхьэм и унэшхуэм щхьэкӀэ хьэкътын ахъшэу дидрахм зи цӀэр хэзыххэр Петр деж къакӀуэри, жаӀащ: – Хьэкътын ахъшэу дидрахмыр фи дин егъэджакӀуэм Тхьэм и унэшхуэм щхьэкӀэ итрэ?


Хьисэ апхуэдэу щӀищӀар Ешайа бегъымбарым къыжиӀа мы псалъэхэр пэж хъун щхьэкӀэщ:


«Завулон, Неффалим хэкухэр, псы Ӏуфэм Ӏус хэкур, Иордан псым и адрыщӀым щыӀэ хэкур, хамэ лъэпкъхэм я хэку Галилей!» (Абыхэм тепсэлъыхьу, бегъымбарым мыпхуэдэу жиӀащ:)


Кхъуафэжьейм итӀысхьэщ, гуэлым къызэпрыкӀыжри, и къалэм къэкӀуэжащ Хьисэ.


Хьисэ Капернаум къалэм дыхьащ итӀанэ. Щэбэт махуэр къыщысым, синэгуэгум щӀыхьэри, цӀыхухэм Тхьэм и псалъэхэр яригъащӀэу щӀидзащ Хьисэ.


Махуэ заул дэкӀауэ, Хьисэ Капернаум къалэм къыщигъэзэжым, ар унэм къызэрыкӀуэжар цӀыхухэм зэхахащ.


Уэ, Капернаум къалэ, уафэм удэкӀуеину? Хьэуэ, жыхьэнмэм и кууупӀэм нэсыху укӀуэцӀрыхунущ.


– Щэч хэмылъу мы псэлъэжьыр къызжефэнщ: «Дохутыр, уэ зыгъэхъуж». ИтӀанэ къызжефэнщ: «Капернаум къалэм щыблэжьауэ зэхэтхам хуэдэ Ӏуэхухэр мы ущапӀа къалэм щылэжь», – яжриӀащ абыхэм Хьисэ.


И анэри, и къуэшхэри, и гъуэгу ирикӀуэхэри и гъусэу, Хьисэ Капернаум къалэм кӀуащ абы и ужькӀэ. Махуэ зыщыплӀкӀэ щыӀащ а къалэм.


Хьисэ Галилей хэкум ит Канэ жылэм кӀуэжащ аргуэру. А жылэращ псыр фадэ зыщищӀыгъар. Пащтыхьым хуэлажьэ Ӏэтащхьэ гуэр Капернаум къалэм дэст. Абы и къуэр сымаджэу хэлът.


Абдежым кхъуафэжьейм щитӀысхьэри, гуэлым зэпрыкӀыу КапернаумкӀэ кӀуэну ежьащ. КӀыфӀ хъуат, ауэ Хьисэ абыхэм къахыхьэжакӀэтэкъым.


А цӀыху гупышхуэм Хьисэи абы и гъуэгу ирикӀуэхэри а щӀыпӀэм щымыӀэжу щалъагъум, кхъуафэжьейхэм итӀысхьэжри, Хьисэ лъыхъуэу Капернаум къалэм кӀуащ.


Капернаум къалэм дэт синэгуэгум Тхьэм и псалъэхэр цӀыхухэм щаригъащӀэ щыхъум, Хьисэ а псалъэхэр къыжиӀащ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan