Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Маттэ 4:10 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

10 – Си ужь икӀ, шейтӀан! – жриӀащ абы Хьисэ. – Тхьэм и псалъэу тхахэм хэтщ: «Зиусхьэну уи Тхьэр бгъэлъапӀэурэ, узыхуэлэжьэн хуейр абы и закъуэщ».

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Маттэ 4:10
30 Iomraidhean Croise  

ЦӀыху лъэпкъым хьэкум ятрищӀыхьынущ, щӀым хьэдэр тезыбзэ ищӀынущ, щӀыгу псом пащтыхьхэр щрикъухьынущ.


Хьисэ Петр зыкъыхуигъазэри жриӀащ: – ЗбгъэдэкӀ, шейтӀан. Уэ пэрыуэгъу укъысхуохъу, уэ уи гупсысэкӀэр Тхьэм и гупсысэкӀэу щыткъым, атӀэ цӀыхум и гупсысэкӀэщи.


Хьисэ гуэныхь иригъэлэжьыну шейтаныр и ужь къитурэ, Хьисэ махуэ плӀыщӀкӀэ губгъуэ нэщӀым къыщикъухьащ. ХьэкӀэкхъуэкӀэхэм яхэтт, мелыӀычхэми Ӏуэхутхьэбзэ къыхуащӀэ хъуащ Хьисэ.


– Пэжщ, шейтӀаныр уафэхъуэпскӀым хуэдэу уафэм къехуэхыу слъэгъуащ, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм.


Апхуэдэщи, шейтӀаныр лъэныкъуитӀ зэрыгъэхъумэ, и тепщэныгъэр щыӀэжын дауэ лъэкӀыну? Ар щӀыжысӀэр сэ жин бзаджэхэр цӀыхухэм Велзевулым и къарукӀэ хэсхуу зэрыжыфӀэращ.


Апхуэдэу щыщыткӀэ, Ибрэхьим къытехъукӀа цӀыхухэм ящыщу илъэс пщыкӀуий лъандэрэ шейтӀаным иӀыгъ мы цӀыхубзыр щэбэт махуэм щхьэхуит сщӀыуэ згъэхъужын хуеякъэ?


Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху пщыкӀутӀым ящыщу ИскариоткӀэ зэджэ Иудэм и гур шейтӀаным иубыдащ.


– Симон, Симон, къэдаӀуэ. МэкъумэшыщӀэм гуэдзымрэ хьэуазэмрэ зэрызэхигъэкӀым хуэдэу, фигъэунэхун щхьэкӀэ, шейтӀаным Тхьэм хуитыныгъэ къыӀихащ.


Тхьэм и псалъэу тхахэм хэтщ, – жриӀэжащ Хьисэ, – «Зиусхьэну уи Тхьэр бгъэлъапӀэурэ, узыхуэлэжьэн хуейр абы и закъуэщ».


Иудэ а щӀакхъуэ бзыгъэр щищтэм, шейтӀаныр абы игу ихьащ. – ПщӀэну уигу илъыр щӀэхыу щӀэ, – жриӀащ Хьисэ абы.


Ахэр кӀыфӀыгъэм къыхэкӀыу, нэхугъэм зыкъыхуагъэзэн икӀи шейтӀаным и тепщэныгъэм къыщӀэкӀыу, Тхьэм и ӀэмыщӀэ зралъхьэн щхьэкӀэ, я нэхэр къэбгъэплъэжыну, абыхэм я деж узогъакӀуэ. СэркӀэ фӀэщхъуныгъэ зэраӀэм щхьэкӀэ гуэныхьу ящӀар къахуэгъунущ итӀанэ икӀи Тхьэм и ӀэмыщӀэ зезылъхьа цӀыхухэм ӀыхьэфӀу къалъысынур абыхэми къалъысынущ».


Ананий, – жиӀащ Петр, – Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм пцӀы хуэбупсынуи, щӀым и уасэм щыщ уи щхьэм хухэпхынуи шейтӀаным уи гум кърилъхьэнкӀэ дауэ хъуа?


а лӀыр шейтӀаным ефт, и пкъыр кӀуэдми, Зиусхьэныр дунейм къыщыкӀуэжыну махуэм абы и псэр мыкӀуэду къелын щхьэкӀэ.


ТӀури фызэгурыӀуэу икӀи зэману вгъэувамкӀэ нэщӀымрэ Тхьэм елъэӀунымрэ я ужь фыщитынум деж фӀэкӀа пэӀэщӀэ зызэхуэвмыщӀ. ИтӀанэ, зывмышыӀэфмэ, фызэкӀуалӀэ, шейтӀаным фыдимыхьэхын щхьэкӀэ.


Ар гъэщӀэгъуэнкъым. Езы шейтӀаным нэхум и мелыӀыч хуэдэу зегъэӀу.


Тхьэм къысхуигъэнэхуа Ӏуэхушхуэхэм папщӀэ зыхэзмыӀэтыкӀыщэн шъхьэкӀэ, уз гуэр, банэм хуэдэу къысхэуэу, си пкъым хэлъ хъуащ. Ар шейтӀаным и ӀуэхутхьэбзащӀэм хуэдэщ. ЗыхэзмыӀэтыкӀыщэн щхьэкӀэ, а банэм къыстохьэлъэ.


шейтӀаным дыкъимыгъэпцӀэн щхьэкӀэ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ар зэщэр дымыщӀэу дыщыткъым.


Аращи, Тхьэм фыхуэӀурыщӀэ. ШейтӀаным фыпэуви, ар фи пащхьэм икӀынурэ щӀэпхъуэжынущ.


ФӀэщхъуныгъэм и гъуэгум фыкъимыкӀуэтыжу фытету, шейтӀаным фыпэув, сыту жыпӀэмэ дунейм тет фи къуэш псоми апхуэдэ гугъуехьхэр зэрашэчыр фэ фощӀэ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan