Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Маттэ 3:7 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

7 Фарисейхэмрэ саддукейхэмрэ ящыщ куэд зрагъэумэхъын щхьэкӀэ къэкӀуауэ щилъагъум, Иуан яжриӀащ: – Фэ, блэ щылъхухэ! Тхьэм и губжьу къэкӀуэнум фыӀэщӀэкӀын гугъэ хэт фэзыгъэщӀар?

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Маттэ 3:7
49 Iomraidhean Croise  

Зэбииныгъэ игъащӀэкӀэ дэслъхьэнущ уэрэ цӀыхубзымрэ фякуми, уэ быну къыпщӀэхъуэнухэмрэ абы быну къыщӀэхъуэнухэмрэ якуми; абы къыщӀэхъуэнур уэ уи щхьэм къеуэнущ, уэри абы къыщӀэхъуэнум и лъэдакъэм уи шэрэзыр хэбукӀэнущ.


Фарисейхэм, ар щызэхахым, мыпхуэдэу жаӀащ: – Жин бзаджэхэм я пашэ Велзевул и къарукӀэщ жин бзаджэхэр цӀыхухэм абы зэрахихур.


Фэ, блэ щылъхухэ, апхуэдиз бзаджагъэ фхэлъу фӀы зэрыжыфӀэнур дауэ? Жьэм къыжьэдэкӀыр гум илъырщ.


И гъуэгу ирикӀуэхэр къыбгъэдыхьэри, Хьисэ еупщӀащ: – Фарисейхэм а жыпӀахэр зэхаха нэужь, я гум мыхъун къызэрырагъэхьар пщӀэрэ?


Фарисейхэмрэ саддукейхэмрэ Хьисэ деж къакӀуэри, ягъэунэхун мурадкӀэ, нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэ гуэр уафэм къахуригъэхыну елъэӀуащ.


Хьисэ абыхэм яжриӀащ: – Фысакъ! Фарисейхэмрэ саддукейхэмрэ я пщагъэм зыщыфхъумэ.


Фарисейхэр кӀуэри, Хьисэ псалъэ гуэрым зэрытраубыдэн щӀыкӀэмкӀэ зэчэнджэщыжащ абы щыгъуэ.


ЛӀахэр къызэрытэджыжынур зи фӀэщ мыхъу саддукейхэм ящыщ зы гуп къыбгъэдыхьэри, Хьисэ къеупщӀащ а махуэ дыдэм:


Хьисэ саддукейхэм жаӀэнур ямыщӀэжу къызэригъэнар фарисейхэм щызэхахым, зэхуэсащ.


– Фэ, блэхэ! Фэ, блэ щылъхухэ! Жыхьэнмэр унапӀэ фхуищӀащ Тхьэм, абы дауэ фыӀэщӀэкӀын?


Пэжыр нывжызоӀэ, фэ фи щыпкъагъэр торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ фарисейхэмрэ я щыпкъагъэм нэхърэ нэхъ ин мыхъумэ, Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм фыщӀыхьэнукъым.


Торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ дин пашэхэмрэ Хьисэ псалъэ гуэрым траубыдэн щхьэкӀэ, фарисейхэм ящыщи Ирод пащтыхьым и лъэужь ирикӀуэхэм ящыщи Хьисэ деж ягъэкӀуащ абы и ужькӀэ.


ЛӀахэр къызэрытэджыжынур зи фӀэщ мыхъу саддукейхэм ящыщ гуп Хьисэ деж къакӀуэри, къеупщӀащ:


Хьисэ абыхэм быдэу яжриӀащ: – Фысакъ! Фарисейхэм я пщагъэмрэ Ирод пащтыхьым и пщагъэмрэ защыфхъумэ.


Ахъшэр фӀы дыдэу зылъагъу фарисейхэм а псор щызэхахым, Хьисэ щыдыхьэшхащ.


Фарисейр абдежым здэщытым, Тхьэм мыпхуэдэу елъэӀурт игукӀэ: «Адрей цӀыху хъунщӀакӀуэхэми, бзаджащӀэхэми, зинэ зыщӀэхэми, мобдеж щыт хьэкътын ахъшэр хэзыхми яхуэдэу сызэрыщымытым щхьэкӀэ, фӀыщӀэ пхузощӀ, си Тхьэ.


Ауэ фарисейхэмрэ торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ ящӀэн хуейуэ Тхьэм фӀэзахуэр ялэжын ядакъым. Иуан зезыгъэумэхъын зымыдар ахэращ.


А лӀыкӀуэхэр фарисейхэм ящыщт.


Фэ фи адэр шейтӀаныращ. Фи адэр зыхуейращ влэжьыну фызыхуейр. Япэм къыщыщӀэдзауэ ар цӀыхуукӀыу щытщ, щыпкъагъэми теткъым, езым щыпкъагъэ хэлъкъыми. Абы пцӀы щиупскӀэ, игу илъыр жеӀэ, ар пцӀыупсщ, пцӀыр къызыбгъэдэкӀыр аращи.


Хьисэ и гъуса фарисейхэм а псалъэр щызэхахым, къеупщӀащ: – Дэри дынэфу ара-тэ?


Апхуэдэу щыхъум, фӀэщхъуныгъэ зиӀэ фарисей гупкӀэ зэджэ динырылажьэхэм щыщхэр къэтэджри, жаӀащ: – Хамэ лъэпкъ щыщхэри сунэт фщӀын, Мусэ бегъымбарым и Торэт хабзэм итхэри евгъэгъэзэщӀэн хуейщ.


Аращи, фымыжей, фысакъ! Нэпс щӀэзгъэкӀыурэ жэщ, махуэ жызмыӀэу, фэ фщыщ дэтхэнэми илъэсищкӀэ зэпымыууэ къызэрыгурызгъэӀуар зыщывмыгъэгъупщэ.


Абыхэм сыкъызэрацӀыхурэ куэд щӀащ. Диным и гъуэгум ирикӀуэ цӀыху гупхэм ящыщу, диныр нэхъ ткӀийуэ зезыхьэу фарисей гупкӀэ зэджэм я гъуэгум срикӀуэу зэрыщытамкӀэ ахэр хуейуэ щытмэ, щыхьэт къысхуэхъун ялъэкӀынущ.


Дин пашэшхуэми дин пашэшхуэм и гъусэ псоми я гум фыгъуэр къихьащ итӀанэ. Дин пашэшхуэм и гъусэхэр динырылажьэ саддукей гупкӀэ зэджэм ящыщт.


Тхьэм и фӀэлӀыкӀ цӀыхухэм я гум зэримылъым икӀи я бзаджагъэ псоми щхьэкӀэ, уафэм къех и губжьыр Тхьэм къегъэнахуэ, я бзаджагъэкӀэ цӀыхухэм щыпкъагъэр ягъэпщкӀуну и ужь итщи.


Мэссихь жорым лъыуэ щыщӀэкӀам щхьэкӀэ Тхьэм щыпкъагъэ диӀэу делъытэ. Апхуэдэу зэрыхъуам щхьэкӀэ абы нэхърэ ӀэджэкӀэ нэхъыбэу Мэссихь Тхьэм и губжьым дыкъыӀэщӀихыжынущ.


Тхьэм и Къуэуэ лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжар уафэм къызэрехыжынум фыпоплъэ – Тхьэм и губжь къэкӀуэнум дыкъыӀэщӀэзышыжынур Хьисэщ.


ЦӀыхухэм ямылъэгъуа къэкӀуэну Ӏуэхухэм теухуауэ Тхьэм Нухь хъыбар къыщригъащӀэм, Нухь фӀэщхъуныгъэ зэриӀам щхьэкӀэ, Тхьэм щышынэри, и унагъуэр мыкӀуэду къригъэлын щхьэкӀэ, кхъухь ищӀащ. Нухь иӀа фӀэщхъуныгъэмкӀэ дунейм и цӀыхухэм я къуаншагъэр нахуэ яхуищӀащ. ФӀэщхъуныгъэ зэриӀам щхьэкӀэ Тхьэм абы щыпкъагъэ иӀэу зэрилъытар и ӀыхьэфӀ хъуащ.


Апхуэдэу зэпхъуэкӀ мыхъуну ӀуэхуитӀ щыӀэщ. Ар Тхьэуэ зэрыщытым щхьэкӀэ, а ӀуэхуитӀыр зэримыгъэзэщӀэн гъуэгу щыӀэкъым. Дэ, Тхьэр хъумакӀуэ зыхуэхъуну абы и гъунэгъу хъуа цӀыхухэр, Тхьэм дяпэ кърилъхьа Ӏуэхуу дызыщыгугъыу, дызыпэплъэхэр зылъэдгъэӀэсыну мы ӀуэхуитӀым дагъэгушхуэ.


Тхьэм и бынхэри шейтӀаным и бынхэри зэрызэхэпщӀыхукӀынур мыращ: Щыпкъагъэр зылэжь дэтхэнэри Тхьэм и бынхэм ящыщкъым, апхуэдэ дыдэу, зи къуэшыр фӀыуэ зымылъагъур Тхьэм и бынхэм ящыщкъым.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan