Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Маттэ 3:2 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

2 умэхъакӀуэ Иуан жиӀэрт: – Фи гуэныхьхэм фахущӀегъуэж, Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэр къэблэгъащи.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Маттэ 3:2
61 Iomraidhean Croise  

ФыкӀуи, «Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэр къэблэгъащ», жыфӀи хъыбар евгъащӀэ.


Хьисэ и Ӏуэху телъыджэхэм я нэхъыбэр щилэжьа къалэхэм егиеу щӀидзащ, я гуэныхьхэм зэрахущӀемыгъуэжам щхьэкӀэ.


Ниневие къалэм дэса цӀыхухэр, къемэтмахуэм къэтэджыжынурэ, иджырей цӀыхухэм къедэуэнущ икӀи ахэр къагъэкъуэншэнущ, Инус ахэр Тхьэм и псалъэхэм иригъэдаӀуэ щыхъум, ящӀа гуэныхьхэм хущӀегъуэжащи, ауэ сэ нывжызоӀэ, Инус нэхърэ нэхъ лъапӀэ гуэр къыфхэтщ.


– Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм и щэхухэр фщӀэну абы хуитыныгъэ къывитащ фэ, ауэ адрей цӀыхухэм къаритакъым, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм.


Хьисэ нэгъуэщӀ ущие хъыбари яхуиӀуэтащ абыхэм: – Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэр зыхуэдэр хьэсэм жылэфӀ хэзысарщ.


Абыхэм нэгъуэщӀ ущие хъыбари къахуиӀуэтащ Хьисэ: – Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэр зыхуэдэр хъардэл хьэдзэрщ. Ар лӀы гуэрым къищтэри, и хьэсэм щыхисащ.


НэгъуэщӀ ущие хъыбар яхуиӀуэтащ итӀанэ: – Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэр зыхуэдэр пщагъэрщ. ЦӀыхубз гуэрым ар къищтэщ, ӀэнлъищкӀэ хупцӀынэ ипщэри, хупцӀынэ псори игъэтэджащ.


– ИтӀани, Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэр зыхуэдэр хым хадзэу бдзэжьей лъэпкъыгъуэ Ӏэджи къызэраубыда хъырщ.


– Абы къыхэкӀкӀэ, Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀыхьэ дэтхэнэ торэт егъэджакӀуэ пашэри унэр зей гуэрым хуэдэщ. Абы и мылъку гъэтӀылъыпӀэм мылъкущӀи мылъкужьи кърех.


– Аращи, Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэр зэщхьыр и унэӀутхэм ятелъ щӀыхуэр илъытэну хэта пащтыхьырщ.


– Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэр зыхуэдэр мыращ. Жызум хадэ зиӀэ гуэрым и жызум хадэм щигъэлэжьэн лэжьакӀуэхэр къилъыхъуэну пщэдджыжьым жьыуэ дэкӀащ.


– Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэр зыхуэдэр мыращ. Пащтыхь гуэрым и къуэм къригъашэри, хьэгъуэлӀыгъуэ хуищӀащ.


– Гъуэгу мыгъуэ фытеуващ, торэт егъэджакӀуэ пашэхэри фарисейхэри, бзитӀщхьитхэ! Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм и куэбжэр цӀыхухэм я пащхьэм щывгъэбыдэ. Фэ езыхэри а тепщэныгъэшхуэм фыщӀыхьэркъым, щӀыхьэну хуейхэри хуит фщӀыркъым.


– Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэр* а махуэм зыхуэдэу щытынур мыращ. ХъыджэбзипщӀ, я уэздыгъэхэр къыздащтэри, щауэм пежьэну дэкӀащ.


– КъинэмыщӀауэ Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэр къызэрыкӀуэнур зыхуэдэр мыращ. ЛӀы гуэр хамэ къэрал кӀуэн щыхъум, и унэӀутхэр къриджэри, и мылъкур яӀэщӀилъхьащ.


А зэманым къыщыщӀэдзауэ Хьисэ Тхьэм и псалъэхэм цӀыхухэр иригъэдаӀуэ хъуащ: – Фи гуэныхьхэм фыхущӀегъуэж, Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэр къэблэгъащи.


Галилей хэкур зэрыщыту къызэхикӀухьурэ, Хьисэ Тхьэм и псалъэхэр цӀыхухэм синэгуэгухэм щаригъащӀэрт, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм теухуа хъыбарыфӀым ахэр щригъэдаӀуэрт, дэтхэнэ сымаджагъэрэ узрэ зиӀэри игъэхъужырт.


Гъуэгу махуэ теуващ щыпкъагъэм щхьэкӀэ цӀыхухэм гугъуехь зрагъэшэчхэр, ахэр Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀэтщи.


– Гъуэгу махуэ теуващ гурэ псэкӀэ тхьэмыщкӀэхэр, ахэр Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀэтщи.


Уи Тепщэныгъэшхуэр* кърекӀуэ. Уэ узыхуейр уафэм зэрыщыхъум хуэдэу, щӀылъэми щрехъу.


Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм* и Ӏуэхугъуэхэмрэ Тхьэм и щыпкъагъэмрэ я ужь фит япэ щӀыкӀэ, а Ӏуэхугъуэ псори къыфӀэщӀыхьэнущ итӀанэ.


– Махуэр къэсащ, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр къэблэгъащ; фи гуэныхьхэм фахущӀегъуэжи, хъыбарыфӀыр фи фӀэщ фщӀы, – жиӀэрт абы.


Тхьэм зэрыжиӀам тету, умэхъакӀуэ Иуан, губгъуэ нэщӀым къыщыхутауэ, цӀыхухэр Тхьэм и псалъэхэм иригъэдаӀуэурэ, мыпхуэдэу жиӀэрт: – Фи гуэныхьхэм фахущӀегъуэжи, зызвгъэумэхъ, Тхьэм ахэр къыфхуигъэгъун щхьэкӀэ.


Арати, а цӀыху пщыкӀутӀыр гъуэгу техьэри, «Фи гуэныхьхэм фахущӀегъуэж», жраӀэурэ, цӀыхухэм яхэпсэлъыхьу щӀадзащ.


Израил цӀыху куэд Зиусхьэну я Тхьэм и гъуэгу къытригъэхьэжынущ.


Сэ жин бзаджэхэр цӀыхухэм зэрахэсхужыр Тхьэм и Ӏэпхъуамбэращи, абы къикӀыр Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр къыфхыхьауэ арщ.


Хьэуэ, сэ нывжызоӀэ, ар пэжкъым. Ауэ фэ фщӀа гуэныхьхэм фахущӀемыгъуэжмэ, псори апхуэдабзэу фыкӀуэдынущ.


Хьэуэ, сэ нывжызоӀэ, ар пэжкъым. Ауэ фэ къэфхьа гуэныхьхэм фахущӀемыгъуэжмэ, апхуэдабзэу фыкӀуэдынущ псори.


Сэ нывжызоӀэ, абы ещхьыркъабзэу, гуэныхь зыщӀауэ щӀегъуэж цӀыхум Тхьэм и мелыӀычхэр хуэгуфӀэнущ.


Сэ нывжызоӀэ, абы ещхьыркъабзэу, гуэныхь хущӀегъуэжыным хуэмыныкъуэ, щыпкъагъэ зигу илъ цӀыху бгъущӀрэ бгъум папщӀэ уафэм щыӀэну гуфӀэгъуэм нэхърэ зи гуэныхьхэм хущӀегъуэж гуэныхьыщӀэ закъуэм щхьэкӀэ уафэм нэхъ гуфӀэгъуэшхуэ щыӀэнущ.


– «Хьэуэ, ди адэ Ибрэхьим», жиӀащ лӀым, «лӀахэм зыгуэр къахэтэджыкӀыжрэ игъэзэжмэ, ахэр я гуэныхьхэм хущӀегъуэжынущ».


Апхуэдэу, мы Ӏуэхухэр къэхъуу щыфлъагъукӀэ, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр благъэ къызэрыхъуар зэвгъащӀэ.


Ерусалим къыщыщӀэдзауэ дунейм тет лъэпкъ псори хиубыдэу, сэ, Мэссихьым, си цӀэкӀэ цӀыхухэр мы хъыбарым щрагъэдэӀуэнущ: Фи гуэныхьхэм фахущӀегъуэжи, Тхьэм ахэр къыфхуигъэгъунущ.


И гъуэгу ирикӀуэхэм яхэплъэри, Хьисэ жиӀащ: Фэ, тхьэмыщкӀэхэр, гъуэгу махуэ фытеуващ, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм фыщӀэтщи.


ЦӀыхухэр Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм теухуа хъыбарыфӀым ирагъэдэӀуэну, сымаджэхэр ягъэхъужыну иригъэжьащ.


А псалъэхэр щызэхахым, ахэр щым хъуащ. Тхьэм щӀыхь хуащӀри, жаӀащ: – Хамэ лъэпкъхэри я гуэныхьхэм хущӀегъуэжынурэ, мыкӀуэдыжын гъащӀэ яӀэ хъуну Тхьэм игъуэу илъытащ абы щыгъуэ.


БлэкӀа зэманхэм, цӀыхухэм щӀэныгъэ ямыӀэу щыщытам, Тхьэр абыхэм нэ ӀейкӀэ къеплъыгъакъым, атӀэ цӀыху псоми, дэнэ щыӀэми, я гуэныхьхэм хущӀегъуэжыну унафэ къахуещӀ иджы;


– Фи гуэныхьхэм фахущӀегъуэжи, Хьисэ Мэссихь и цӀэкӀэ псоми зыдвгъэумэхъ, Тхьэм фи гуэныхьхэр къыфхуигъэгъун щхьэкӀэ, – яжриӀащ Петр. – Тхьэм и тыгъэу езым и Псэ ЛъапӀэр фи гум кърилъхьэнущ итӀанэ.


Гуэныхьу ящӀахэм хущӀегъуэжу Тхьэм зыхуагъэзэжынуи Зиусхьэн ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зрагъэӀэнуи журтхэмрэ алыджхэмрэ быдэу яхуэзгъэуващ.


Дамаск къалэм дэсхэм, итӀанэ Ерусалим дэсхэм, Иудей хэку псом ис цӀыхухэм, хамэ лъэпкъхэм щыщхэм гуэныхьу ящӀахэм хущӀегъуэжу, Тхьэм и гъуэгум техьэн зэрыхуейри, гуэныхьу ящӀам зэрыхущӀегъуэжам хуэфащэ Ӏуэхухэр ящӀэн зэрыхуейри яжесӀэу екӀуэкӀащ япэщӀыкӀэ.


Аращи, Тхьэм фэ гуэныхьу фщӀахэр къыфхуигъэгъун щхьэкӀэ, абыхэм фахущӀегъуэжи, Тхьэм и гъуэгу фытехьэ.


ГухэщӀыныгъэу Тхьэр зэрыхуейм тетым фӀыуэ къыпэкӀуэр ди гуэныхьхэм дахущӀегъуэжыныр арщ. Ди гуэныхьхэм дахущӀегъуэжыным фӀыуэ къыхэкӀыр дымыкӀуэду Тхьэм дыкъызэрыригъэлырщ. Апхуэдэ гухэщӀыныгъэм ухущӀегъуэжынукъым, ауэ мы дунейм и гухэщӀыныгъэм Ӏейуэ къыпэкӀуэр лӀэныгъэрщ.


КӀыфӀыгъэм и тепщэныгъэм дыкъыщӀихыжри, фӀыуэ илъагъу и Къуэм и тепщэныгъэм дыщӀигъэуващ.


Езым къыпэувхэм гущабагъэкӀэ ягуригъэӀуэн хуейщ. Щыпкъагъэр ящӀэн щхьэкӀэ, Тхьэм ахэри щӀригъэгъуэжынкӀи хъунущ.


Мэссихь теухуа, япэ дыдэ фагъэщӀа Ӏуэхухэм дыблэвгъэкӀи, зи ныбжь нэса цӀыхухэм зэрагъэщӀэн хуей Ӏуэхухэм захуэдвгъэгъазэ. Ди фӀэщхъуныгъэм и лъабжьэхэр аргуэру дывмыгъэгъэтӀылъыж. А лъабжьэ хъужыр мыращ: ЛӀэныгъэ къызыхэкӀыну Ӏуэху мыхъумыщӀэу фщӀахэм фахущӀегъуэжыныр, ТхьэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ фиӀэныр;


ЦӀыху гуэрхэм къазэрыщыхъум хуэдэу, Зиусхьэным цӀыхухэр къызэригъэгугъар игъэзэщӀэныр хигъэтӀэсэнукъым. Тхьэм шыӀэныгъэ къыфхуиӀэщ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зы цӀыхуи кӀуэдыну хуэмейуэ, цӀыху псори я гуэныхьхэм хущӀегъуэжыну хуейщ ар.


ИщӀа зинэм хущӀегъуэжыну абы Ӏэмал естащ, ауэ хущӀегъуэжакъым.


Фыкъызэхуэхар зыхуэдизыр зыщывмыгъэгъупщэ. Гуэныхьу фщӀахэм фахущӀегъуэжи, нэхъапэм Ӏуэхухэр фщӀэуэ зэрыщытам хуэдэу влэжь. Фи гуэныхьхэм фахущӀемыгъуэжмэ, сэ сынэкӀуэнурэ, фи уэздыгъэ тегъэувапӀэр Ӏусхыжынущ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan