12 Абы и хьэнцэр и Ӏэм ӀэщӀэлъщ, и хьэмыр игъэкъэбзэжынурэ, и гуэдзыр гуэнхэм ирикӀутэжынущ, ауэ хьэуазэр мыункӀыфӀыж мафӀэ лыгъейкӀэ игъэсынущ.
ЦӀыху бзаджэхэр абы хуэдэкъым; жьыбгъэм щӀым щызэрихьэ сабэм хуэдэщ ахэр.
И гъуэлъыпӀэм абы гухэлъ бзаджэхэр щызэхелъхьэ, гъуэгу мыгъуэм тохьэ, е лэжьыным зыщидзеижыркъым абы.
ТӀури зэщӀыгъуу хэгъуэм нэсыху къызэдрекӀ. Къахыжын щыхъукӀэ, гъавэр къэзыххэм сэ яжесӀэнущ: Япэ щӀыкӀэ ежьужьыр зэхуэфхьэси, пхыр фщӀы, мафӀэкӀэ вгъэсын щхьэкӀэ; итӀанэ гуэдзыр зэхуэфхьэси, си гуэнхэм ифкӀутэ».
ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм и мелыӀычхэр игъэкӀуэнурэ, удз ежьужьыр гъавэм къызэрыхачым хуэдэу, цӀыхухэм гуэныхь езыгъащӀэ цӀыхухэри, бзаджагъэ зыщӀэ нэгъуэщӀ цӀыхухэри Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀагъэкъэбзыкӀынущ.
МелыӀычхэм а цӀыхухэр зэхуашэсынурэ, мафӀэшхуэ зэрылъ хьэкум ирадзэнущ. Абы гъы макърэ дзэ зэрыгъэшх макърэ къыщыӀунущ.
Щыпкъагъэ зигу илъ цӀыхухэр дыгъэ нэбзийхэм хуэдэу Адэ лъапӀэм и Тепщэныгъэшхуэм къыщынэхунущ абы щыгъуэ. ИридэӀуэну тхьэкӀумэ зиӀэр иредаӀуэ.
– Сэ псымкӀэ фызоумэхъ, ауэ сэр нэхърэ нэхъ лъэкӀыныгъэшхуэ зиӀэ гуэр си ужькӀэ къэкӀуэнущ, – яжриӀащ Иуан псоми. – Абы и вакъэ лъэпсхэр хуэстӀэтэнуи сэ схуэфащэкъым. Абы Тхьэм и Псэ ЛъапӀэкӀи мафӀэкӀи фэ фиумэхъынущ.
Абы и хьэнцэр и Ӏэм ӀэщӀэлъщ, и хьэмыр игъэкъэбзэжынурэ, и гуэдзыр гуэнхэм ирикӀутэжынущ абы, ауэ хьэуазэр мыункӀыфӀыж мафӀэ лыгъейкӀэ игъэсынущ.
Си къудамэхэм ящыщу зыри къызыпымыкӀэр пеупщӀ абы; къызыпыкӀэ къудамэ дэтхэнэри еухъуэнщӀ, нэхъыбэ къыпыкӀэн щхьэкӀэ.