10 Джыдэр жыг лъабжьэхэм трашэщӀакӀэщ. Аращи фӀыгъуэ къызыпымыкӀ дэтхэнэ жыгри къраупщӀыкӀыжынурэ, мафӀэм пэрадзэнущ.
ПсыжапӀэм щыхаса жыгым хуэдэщ ар, къыпыкӀэр и пӀалъэм хъууэ, и тхьэмпи мыгъуалэу; сыт хуэдэ Ӏуэху ищӀэми, абы къохъулӀэ.
БзаджащӀэхэр зырызыххэурэ ирехуэж я хъым, сэ сщхьэщыкӀыурэ.
Гъуэгубгъум зы ахъуо жыг щилъагъури, абы бгъэдыхьащ, ауэ тхьэмпэ фӀэкӀ зыри пигъуэтакъым; жыгым мыпхуэдэу жриӀащ: – ИгъащӀэкӀэ зыри уэ къыппымыкӀэжын ирехъу! Ар зэрыжиӀэу, ахъуо жыгыр гъуащ.
ФӀы къызыпымыкӀэ дэтхэнэ зы жыгри ираупщӀыкӀыжынурэ, мафӀэм пэрадзэнущ.
Жыгыр щхъуантӀэу щытыху, цӀыхухэм мыпхуэдэ Ӏуэхухэр щащӀэфкӀэ, жыгыр гъужа нэужь, нэхъыкӀэжыр яхуэщӀэнукъэ?
Джыдэр жыг лъабжьэхэм трашэщӀакӀэщ. Аращи, фӀыгъуэ къызыпымыкӀ дэтхэнэ жыгри къраупщӀыкӀыжынурэ, мафӀэм пэрадзэнущ.
Си къудамэхэм ящыщу зыри къызыпымыкӀэр пеупщӀ абы; къызыпыкӀэ къудамэ дэтхэнэри еухъуэнщӀ, нэхъыбэ къыпыкӀэн щхьэкӀэ.
ЦӀыху гуэрым и псэм сыт щыгъуи сыщыщ мыхъумэ, къудамэм хуэдэу ар хыфӀадзэжынурэ, гъужынущ. Апхуэдэ къудамэхэр зэхуахьэсынурэ, мафӀэм пэрадзэнурэ ягъэсынущ.
Фысакъ, къэпсалъэм фи щӀыб хуэвмыгъазэ. Тхьэм деж къикӀ хъыбарыр щӀылъэм къыщыжызыӀэгъам зи щӀыб хуэзыгъэзахэм яхуэфащэ тезырыр ягъуэтыжащ. Аращи, уафэм къикӀыу дэ къыдэпсалъэм ди щӀыб хуэдгъазэмэ, абы нэхърэ нэхъ тхуэфащэ тезырыр дгъуэтынукъэ?
Ауэ гъурцрэ пыжь банэрэ къызыщыкӀ щӀым зы пщӀи иӀэкъым. А щӀым Тхьэм и ней къыщыхуэнущ куэд мыщӀэу. ИкӀэм-икӀэжым ар мафӀэкӀэ ягъэсыжынущ.