1 А махуэхэм къэкӀуауэ, Иудей хэкум и губгъуэ нэщӀым цӀыхухэр Тхьэм и псалъэхэм щригъэдаӀуэурэ,
– Пэжыр нывжызоӀэ, цӀыхубзхэм къалъхуам щыщу умэхъакӀуэ Иуан нэхърэ нэхъ ин щыӀэкъым. Апхуэдэу щыт пэтми, Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀэт цӀыхухэм ящыщу я нэхъ цӀыкӀури Иуан нэхърэ нэхъ лъапӀэщ.
Иуан и гъуэгу ирикӀуэхэр ежьэжа нэужь, Хьисэ цӀыху гупышхуэхэм абы теухуауэ яжриӀэу щӀидзащ: – Губгъуэ нэщӀым фыщихьам, сыт флъагъуну фи гугъар? Жьым игъэщэнауэ къамыл флъагъун фи гугъа?
– ЦӀыхухэр зыумэхъ у-Иуану жаӀэ языныкъуэхэм, – жаӀащ абыхэм. – У-Иляс бегъымбару жаӀэ нэгъуэщӀхэми. У-Иеремие бегъымбару е бегъымбархэм уащыщ гуэру жызыӀи щыӀэщ.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ щыпкъагъэм и гъуэгу фытригъэхьэн щхьэкӀэщ Иуан къыщӀэкӀуар, ауэ фэ абы дзыхь хуэфщӀакъым, хьэкътын ахъшэр хэзыххэмрэ псэжьхэмрэ Иуан жиӀар я фӀэщ хъуащ. Ар я фӀэщ зэрыхъуар флъэгъуа пэтми, фэ фыщӀегъуэжакъым икӀи Иуан дзыхь хуэфщӀакъым.
Фи гуэныхьхэм фыхущӀегъуэжи, абы хуэфащэ ӀуэхуфӀхэр влэжь.
– Махуэр къэсащ, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр къэблэгъащ; фи гуэныхьхэм фахущӀегъуэжи, хъыбарыфӀыр фи фӀэщ фщӀы, – жиӀэрт абы.
Тхьэм мыпхуэдэу къызэрыжиӀэр бегъымбархэм я тхылъхэм итщ: «Мис, сэ си мелыӀыч уяпэ къихуэу нызогъакӀуэ; абы уи гъуэгур пхуигъэпсынущ.
ИтӀанэ Зэчрей къыпищащ: «Уэ, си щӀалэ, Тхьэуэ Лъагэм и бегъымбаркӀэ къоджэнущ, Зиусхьэным и гъуэгу хуэбгъэпсыну езым и пэ къихуэу укӀуэнущи.
Иуан и лӀыкӀуэхэр ежьэжа нэужь, Хьисэ цӀыху гупышхуэхэм Иуан теухуауэ яжриӀэу щӀидзащ: – Губгъуэ нэщӀым фыщихьам, сыт флъагъуну фи гугъар? Жьым игъэщэнауэ къамыл флъагъун фи гугъа?