3 Абы и теплъэр уафэхъуэпскӀым хуэдэт, и щыгъынхэри уэсым хуэдэу хужьыбзэт.
Зиусхьэнми Абы и гуащӀэми захуэвгъазэ, Абы гъунэгъу зыхуэфщӀ сыт щыгъуи.
Абдежым Хьисэ и теплъэм зыщихъуэжащ абыхэм я пащхьэм. И напэр дыгъэм хуэдэу зэщӀэлыдащ, и щыгъынхэри уэсым хуэдэу хужьыбзэ хъуащ.
ХъумакӀуэхэр апхуэдизкӀэ абы щышынати, кӀэзызу щытащ, я фэр шэхум хуэдэу пыкӀауэ.
Кхъэлэгъунэм щыщӀыхьэм, щыгъын хужь кӀыхькӀэ хуэпауэ, ижьырабгъу лъэныкъуэмкӀэ къыщысу, зы щӀалэ ялъагъури, къэскӀащ.
Дунейм тет жьыщӀакӀуэм щыгъынхэр ижьыщӀурэ хужь зэрыхъум нэхърэ нэхъ хужь хъуащ Хьисэ и щыгъынхэр.
мелыӀычитӀ, хужькӀэ хуэпауэ, Хьисэ и хьэдэр здэщылъам деж, зыр и щхьэмкӀэ, адрейри и лъапэмкӀэ, щысу илъэгъуащ.
Хьисэ уафэм щыдэкӀуеижым, я нэхэр траубыдауэ уафэм дэплъей апостолхэм я пащхьэм щыгъын хужькӀэ хуэпа лӀитӀ напӀэзыпӀэм къыщыхутащ.
ЛъэкӀыныгъэ зиӀэ, нэгъуэщӀ мелыӀыч гуэр уафэм къехыу слъэгъуащ итӀанэ; уафапшэр фащэу щыгът, лэгъупыкъури щхьэщытт, и нэкӀури дыгъэм хуэдэт, и лъакъуэхэри мафӀэ пкъохэм хуэдэт.
НэгъуэщӀ мелыӀыч гуэр уафэм къехыу слъэгъуащ абы и ужькӀэ. Тепщэныгъэшхуэ иӀащ, къыпкърыкӀ нэхушхуэм дунейр къигъэнэхуащ.