1 Нэху зэрыщу дин пашэшхуэ псори цӀыхухэм я нэхъыжьхэри зэчэнджэщыжри, Хьисэ укӀ тралъхьэну мурад ящӀащ.
Сыт зыкъызыхуаӀэтыр щӀым щытепщэхэр, зэгуроӀуэ тепщэныгъэ зиӀэхэр, Зиусхьэнми Абы Хихами пэувыжхэу?
ХытӀыгухэм, Таршышым я пащтыхьхэм абы къуэды кърырет. Шэбэмрэ Сэбэмрэ я пащтыхьхэм тыгъэ къыхурехь.
– Гъуэгу мыгъуэ фытеуващ, торэт егъэджакӀуэ пашэхэри фарисейхэри, бзитӀщхьитхэ! Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм и куэбжэр цӀыхухэм я пащхьэм щывгъэбыдэ. Фэ езыхэри а тепщэныгъэшхуэм фыщӀыхьэркъым, щӀыхьэну хуейхэри хуит фщӀыркъым.
Нэху зэрыщу, нэхъыжьхэри, торэт егъэджакӀуэ пашэхэри, Тхьэмадэ Хасэшхуэм щыщ адрей тхьэмадэхэри хэту, дин пашэшхуэхэм хасэ ящӀащ. Хьисэ япхщ, яшэри, Пилат ӀэщӀалъхьащ.
ЦӀыху гуэрхэр Хьисэ деж къакӀуэри, Пилат Ӏэтащхьэм Галилейм щригъэукӀахэм я хъыбар къыхуахьащ а зэманым. А цӀыхухэм я лъымрэ я къурмэныпхъэм и лъымрэ зэхэлъадэу, Пилат и цӀыхухэм яригъэукӀыгъащ.
Нэху щыщым, цӀыхухэм я нэхъыжьхэри, дин пашэшхуэхэри, торэт егъэджакӀуэ пашэхэри къызэхуэсри, Тхьэмадэ Хасэшхуэм и пащхьэм Хьисэ ирашащ.
Кайафэ и унэм щӀашри, Хьисэ рим Ӏэтащхьэм и унэшхуэу преторие зи цӀэм яшащ. Нэху щат. Журтхэр преторием щӀыхьакъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ӀутӀыж пщыхьэщхьэшхэр яшхынути, зауфӀейну хуейтэкъым.
Апостолхэр абы едаӀуэщ, нэху щыщым Тхьэм и унэшхуэм щӀыхьэри, а хъыбарыр цӀыхухэм хуаӀуатэу щӀадзащ. Дин пашэшхуэмрэ абы и гъусэхэмрэ къыщыкӀуэм, Тхьэмадэ Хасэшхуэм щыщхэр (израилхэм я нэхъыжьхэращ) къызэхуашэсри, апостолхэр кърагъэшэну хъумакӀуэхэр лъэхъуэщым ягъэкӀуащ.