71 Петр куэбжэмкӀэ иунэтӀащ итӀанэ. НэгъуэщӀ унэӀут хъыджэбз гуэрми ар къилъагъури, абдеж щытхэм яжриӀащ: – Мы лӀыри Назарет щыщ Хьисэм и гъусэу щытащ.
НазареткӀэ зэджэ къалэм дэтӀысхьащ. Апхуэдэу щӀэхъуар бегъымбархэм Хьисэ теухуауэ жаӀа мы псалъэхэр, пэж хъун щхьэкӀэщ: «Назарет щыщкӀэ еджэнущ абы».
– Хьэуэ, уэ жыхуэпӀэр сщӀэркъым, – щыжиӀащ Петр псоми я пащхьэ.
Аргуэру, «Ар сцӀыхуркъым» жиӀэри, Петр тхьэ иӀуащ.
ТӀэкӀу дэкӀауэ, нэгъуэщӀ гуэрым Петр къилъагъури жиӀащ: – Уэри абыхэм уащыщщ. – Хьэуэ, щӀалэ, сэ абыхэм сащыщкъым, – жриӀащ Петр а лӀым.