61 мыпхуэдэу жаӀащ: – Мы лӀым жиӀэгъащ: «Тхьэм мы и унэшхуэр зэхэскъутэнурэ, махуищкӀэ ар зэтезгъэувэжын слъэкӀынущ».
– КъакӀуэ мыдэ, зыӀуегъэх, – жаӀащ абыхэм. – Мис хэхэсыр, ар хуейуэ ара хьэкум ищӀэну? Иджы дэ уэ уэтщӀэнщ абыхэм етщӀэнум нэхърэ нэхъ Ӏей. ИтӀанэ икъукӀэ къебгъэрыкӀуащ а цӀыхум, ЛутӀ, бжэми къыбгъэдыхьащ ахэр, ар хакъутыкӀын я мураду.
Фарисейхэм, ар щызэхахым, мыпхуэдэу жаӀащ: – Жин бзаджэхэм я пашэ Велзевул и къарукӀэщ жин бзаджэхэр цӀыхухэм абы зэрахихур.
Дин пашэшхуэр къэтэджащ итӀанэ. – Мы лӀыхэм уэ къыптралъхьэр сыт? Сыт зыри щӀыжумыӀэр? – къыжриӀащ абы Хьисэ.
Петр куэбжэмкӀэ иунэтӀащ итӀанэ. НэгъуэщӀ унэӀут хъыджэбз гуэрми ар къилъагъури, абдеж щытхэм яжриӀащ: – Мы лӀыри Назарет щыщ Хьисэм и гъусэу щытащ.
мыпхуэдэу жаӀэрт: – Уэ, Тхьэм и унэшхуэр зэхэзыкъутэу, махуищкӀэ зэтезыгъэувэжынум, умыкӀуэду зыкъегъэлыж! Уэ Тхьэм ури-Къуэу щытмэ, жорым къыфӀэкӀыж.
Ар щызэхихым, Иудэ, дыжьын ахъшэхэр Тхьэм и унэшхуэм щыхыфӀипхъэри, къыщӀэкӀыжащ. ИтӀанэ кӀуэри зитхьэлэжащ.
– Мы лӀым жиӀэу дэ зэхэтхащ: «Тхьэм мы и унэшхуэу цӀыхухэм я ӀэкӀэ ящӀар сэ зэхэскъутэнурэ, цӀыхухэм я ӀэкӀэ ямыщӀауэ нэгъуэщӀ унэшхуэ махуищкӀэ зэтезгъэувэнущ».
БлэкӀхэр Хьисэ хуэшхыдэрт, я щхьэхэр ягъэсысурэ жаӀэрт: – Уэра Тхьэм и унэшхуэр зэхэзыкъутэу, махуищкӀэ зэтезыгъэувэжынур!
Хьисэ ягъэкъуаншэу щӀадзэри, мыпхуэдэу жаӀащ: – Мы лӀым ди лъэпкъыр зэӀищӀэу, кесарым хьэкътын ахъшэр ярыримыгъэту, езым Мэссихь пащтыхь зыхужиӀэжу дубыдащ.
Мусэ бегъымбарым Тхьэр къызэрепсэлъар дощӀэ, ауэ мы лӀыр къыздикӀар тщӀэркъым.
Епикурейхэмрэ стоикхэмрэ ящыщ философ гуп Паул къедауэу щӀадзащ. – Мы щхьэгъавэм сыт жиӀэну зыхуейр? – жаӀащ зыкъомым. – Мы лӀым тхьэ хамэхэм я хъыбар къиӀуатэ хуэдэщ, – жаӀащ адрейхэм. Апхуэдэу щӀыжаӀар Паул Хьисэрэ лӀахэр къызэрытэджыжынумрэ теухуа хъыбархэр цӀыхухэм яхуиӀуатэу зэрыщытарщ.
– Хабзэм и унафэм темыту Тхьэр зэрагъэлъапӀэ Ӏэмалхэр мы лӀым цӀыхухэм ярегъащӀэ, – жаӀащ абыхэм.
Мы псалъэхэр къыжиӀэху, Паул цӀыхухэр едэӀуащ. МакъышхуэкӀэ къызэрыгъэкӀиящ ахэр итӀанэ: – А лӀым дунейр егъэбгынэ. Псэуну хуэфащэкъым абы!