57 Яубыда нэужь, Кайафэ зи цӀэ дин пашэшхуэм деж яшащ Хьисэ. Торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ нэхъыжьхэмрэ щызэхуэсащ абы деж.
Дин пашэшхуэхэр,* торэт егъэджакӀуэ пашэхэр, цӀыхухэм я нэхъыжьхэр абы щыгъуэ къыщызэхуэсащ Кайафэ дин пашэшхуэм и унэшхуэм.
Журтхэм ящыщу а гъэм дин пашэшхуэу щыт Кайафэ зи цӀэм адрейхэм яжриӀащ: – Фэ зыри фщӀэркъым.