42 Хьисэ етӀуанэуи ӀукӀри, Тхьэм елъэӀуурэ жиӀащ: – Си Адэ, мы гугъуехь шэчыным и фалъэр сӀыпх мыхъунумэ, уэ узэрыхуейуэ ирехъу.
– Фэ фызыщӀэлъэӀур фщӀэркъым, – жиӀащ Хьисэ. – Сэ сызэфэну гугъуехь фалъэм итым фэ фефэн флъэкӀыну, е цӀыхухэм гугъуехькӀэ сызэраумэхъынум хуэдэу, фэ абыхэм зевгъэумэхъын флъэкӀыну? – ТлъэкӀынщ, – къыжраӀащ абыхэм.
Хьисэ тӀэкӀу ӀукӀуэтщ, щӀым бгъэгукӀэ зытридзэри, Тхьэм елъэӀуу жиӀащ: – Си Адэ, хъуну щытмэ, мы гугъуехьым и фалъэр сӀых. АтӀэми сэ сызэрыхуейр мыхъуу, уэ узэрыхуейр ирехъу.
Хьисэ къыщигъэзэжым, а цӀыхуищыр Ӏурихауэ кърихьэлӀэжащ, я нэхэр щӀилъэфауэ.
Уи Тепщэныгъэшхуэр* кърекӀуэ. Уэ узыхуейр уафэм зэрыщыхъум хуэдэу, щӀылъэми щрехъу.
– Аббэ, си Адэ. Уэ пхузэфӀэмыкӀын Ӏуэху зыри щыӀэкъым, – жиӀащ Хьисэ. – Мы гугъуехьым и фалъэр сӀых. ИтӀани сэ сызыхуейр мыхъуу, уэ узыхуейр ирехъу.
– Си Адэ, ухуейуэ щытмэ, мы гугъуехьым и фалъэр сӀых. АтӀэми сэ сызыхуейр мыхъуу, уэ узыхуейр ирехъу.
Сэ сызыхуейр сщӀэну аракъым уафэм сыкъыщӀехар, атӀэ сэ сыкъэзыгъэкӀуар зыхуейр сщӀэн щхьэкӀэщ.
Дин пашэшхуэу диӀэр лъэкӀыныгъэ зэрыдимыӀэр къызыгурыӀуэн зылъэмыкӀ дин пашэшхуэкъым. ШейтӀаным гуэныхь дигъэщӀэну зэрыхэтым хуэдэу, ди дин пашэшхуэми сыт и лъэныкъэукӀи гуэныхь иригъэщӀэну хэтащ ар, ауэ гуэныхь иригъэщӀэн хущӀэфӀэкӀакъым.