41 – Фымыжейуэ фысакъ, гуэныхь щӀэным фыдимыхьэхын щхьэкӀэ Тхьэм фелъэӀу. Гур мэхъуапсэ, ауэ пкъым хузэфӀэкӀыркъым.
Си гухэщӀым сыхэту, Зиусхьэным селъэӀуати, Абы сызэхихащ.
– Аращи, фымыжейуэ фысакъ, Зиусхьэныр дунейм къыщыкӀуэжыну махуэр фщӀэркъыми.
– Аращи, фымыжейуэ фысакъ, – къыщӀигъуащ Хьисэ, – ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр дунейм къыщыкӀуэжыну махуэри сыхьэтри фщӀэркъыми.
Абыхэм яжриӀащ: – СылӀэн хуэдэ, хуабжьу согузавэ. Фымыжейуэ, фысакъыу мыбы си гъусэу фыщыӀэ.
ШейтӀаным гуэныхь дигъэлэжьыну хуит умыщӀ, икӀи абы дыщыхъумэ. МыкӀуэдыжын тепщэныгъэшхуэр, лъэкӀыныгъэшхуэр, щӀыхьышхуэр ууейщ. Ӏэмин».
Фымыжейуэ фысакъ, гуэныхь щӀэным фыдимыхьэхын щхьэкӀэ Тхьэм фелъэӀу. Гур мэхъуапсэ, ауэ пкъым хузэфӀэкӀыркъым.
Дэ гуэныхьу тщӀахэр къытхуэгъэгъу, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ мыхъун къыдэзыщӀэ дэтхэнэми дэри худогъэгъури. ШейтӀаным гуэныхь дигъэлэжьыну хуит умыщӀ, абы дыщыхъумэ».
Сыт щыгъуи фысакъ икӀи къэхъуну псоми фахэкӀын щхьэкӀэ, къару къэвгъуэтурэ, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм и пащхьэм фызэриувэфынкӀэ Тхьэм фелъэӀу зэпыт.
ЗдэкӀуэну щӀыпӀэм нэса нэужь, яжриӀащ: – Гуэныхь щӀэным фыдимыхьэхыну Тхьэм фелъэӀу.
– Сыт фыщӀэжейр? – яжриӀащ абыхэм. – Фыкъэтэджи, гуэныхь щӀэным фыдимыхьэхыну Тхьэм фелъэӀу.
Адрей цӀыху гупыр мывалъэм хэлъэлъа жылэм хуэдэщ. Ахэрщ Тхьэм и псалъэхэр зэрызэхахыу а псалъэхэр щыгуфӀыкӀыурэ зыщтэр, ауэ абыхэм лъабжьэ яӀэкъым. ФӀэщхъуныгъэм и гъуэгу куэдрэ теткъым. Я фӀэщхъуныгъэм и щыпкъагъэр гъэунэхуа щыхъукӀэ, фӀэщхъуныгъэм и гъуэгу токӀыж.
Дэ ди гуэныхьыщӀэ щэныжьым и бзаджагъэм щхьэкӀэ Торэт хабзэм хузэфӀэмыкӀар Тхьэм ищӀащ. Езым и Къуэм гуэныхьыщӀэ цӀыхухэм я пкъым хуэдэ пкъы иӀэу, гуэныхьхэм щхьэкӀэ къурмэныпхъэ хъуну Тхьэм къигъэкӀуащ, апхуэдэуи а пкъымкӀэ гуэныхьыр игъэкъуэншащ.
ЦӀыхухэм гуэныхь ящӀэну дезыгъэхьэх Ӏуэхуу адрей цӀыхухэр зыхуэзэхэм фӀэкӀа фэ фыхуэзакъым. Тхьэр пэжщ, флъэкӀынум нэхърэ нэхъыбэ, гуныхьщӀэным фыдезыгъэхьэхын Ӏуэху фыхуэзэну хуит ищӀынукъым. Ауэ гуныхьщӀэным фыдезыгъэхьэхын Ӏуэху гуэр фыщыхуэзэкӀэ, абы фыпэувыфыну Тхьэм гъуэгу къывитынущ.
Фымыжейуэ фысакъ, фӀэщхъуныгъэм и гъуэгум фытемыкӀ, лӀыгъи быдагъи зыхэвгъэлъ.
Си пкъым гугъуехь изогъэшэч икӀи согъэдаӀуэ, адрей цӀыхухэм хъыбарыфӀыр яхуэсӀуэта нэужь, Тхьэм лъэныкъуэ сримыгъэзын папщӀэ.
Мэссихь зи псэм щыщ цӀыхухэм я гуэныхьыщӀэ щэныжьри, фӀыуэ ялъэгъуа бзаджагъэхэри, я хъуэпсэныгъэ мыхъумыщӀэхэри, зыщӀэхъуэпса Ӏейхэри жорым ираӀулӀащ.
Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀэ Тхьэр къывдэӀэпыкъуну сыт щыгъуи фелъэӀу, фызыхуэныкъуэхэмкӀи Тхьэм фелъэӀу. Фысакъыу икӀи фемышу, Тхьэм и цӀыху лъапӀэ псоми зэпымыууэ фахуелъэӀу.
Ауэ щыӀэ псоми я кӀэухыр къэблэгъащ. Аращи, Тхьэм фелъэӀуфын щхьэкӀэ, зэхэщӀыкӀи зышыӀэныгъи зивгъэӀэ.
ЗыфшыӀэ икӀи фымыжейуэ фысакъ. Фи бий шейтӀаным, зыӀуригъэлъэдэн лъыхъуэурэ, къеущыхь аслъэн гъуахъуэм хуэдэу.
Тхьэм и фӀэлӀыкӀ зи гум илъхэм я щыпкъагъэр гъэунэхуа щыхъукӀэ, Тхьэм ахэр къиным къызэрыхишыжыну щӀыкӀэр ещӀэ. Щыпкъагъэ зигу имылъхэми я бзаджагъэр яригъэпшыныжын щхьэкӀэ, къемэтмахуэм нэсыху къызэрихъумэну щӀыкӀэри ещӀэ абы,
(Хьисэ жеӀэ:) – Мис, уащхъуэдэмыщхъуэу дыгъуакӀуэр къызэрыкӀуэм хуэдэу сэ сыкъэкӀуэнущ. ПцӀанэу къыщикӀухькӀэ, и укӀытапӀэр цӀыхухэм ямылъагъун щхьэкӀэ, мыжейуэ икӀи сакъыу зи щыгъынхэр зыхъумэр гъуэгу махуэ теуващ.
«Теубыдагъэ зивгъэӀэ», жыхуэсӀа унафэр зэрывгъэзэщӀам щхьэкӀэ дунейм тет псоми ялъагъуну гузэвэгъуэ сыхьэтым фыщысхъумэнущ. А гузэвэгъуэ сыхьэтыр, дунейм тет цӀыхухэм я щыпкъагъэр игъэунэхун щхьэкӀэ, къэсынущ.