4 Хьисэ гъэпцӀагъэкӀэ яубыдыну икӀи яукӀыну мурад ящӀащ абыхэм.
Зиусхьэну Тхьэм къигъэщӀа губгъуэ хьэкӀэкхъуэкӀэхэм ящыщу блэр псоми нэхърэ нэхъ хьилэшыт. Абы жриӀащ цӀыхубзым: – Пэж дыдэу жиӀа Тхьэм, «Жэнэтым щыкӀ жыгхэм ящыщу зым и пхъэщхьэмыщхьи фымышх», жиӀэу?
Сыт зыкъызыхуаӀэтыр щӀым щытепщэхэр, зэгуроӀуэ тепщэныгъэ зиӀэхэр, Зиусхьэнми Абы Хихами пэувыжхэу?
Синэгуэгум щӀэкӀыжауэ, Хьисэ ягъэкӀуэдыну мурад ящӀати, зэрагъэкӀуэдыну щӀыкӀэмкӀэ зэчэнджэщыжырт фарисейхэр абы щыгъуэ.
– Фэ, блэхэ! Фэ, блэ щылъхухэ! Жыхьэнмэр унапӀэ фхуищӀащ Тхьэм, абы дауэ фыӀэщӀэкӀын?
ӀутӀыж махуэшхуэмрэ ЩӀакхъуэ Мыгъэтэдж щашх махуэшхуэхэмрэ къэсыным махуитӀ къэнэжат. Дин пашэшхуэхэмрэ торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ Хьисэ яукӀын щхьэкӀэ, гъэпцӀагъэкӀэ зэраубыдыну щӀыкӀэм егупсысырт.
Арати, Хьисэ яукӀыну траубыдащ а махуэм щыщӀэдзауэ.
– Уэ шейтӀаным урикъуэщ, уэ пэжыгъэ псом урабийщ. ГъэпцӀагъэ псори бзаджагъэ псори уи гум хуэфӀу илъщ. Тхьэм и гъуэгу занщӀэхэр къуаншэ пщӀыну ухэтыныр щыбгъэтынукъэ?
А пащтыхьым ди цӀыхухэм хьэгъэщагъэ къакӀэлъызэрихьэрт, ди цӀыхухэм я сабийхэр имыгъэпсэун щхьэкӀэ, ахэр хыфӀригъэдзэжурэ ди адэжьхэм хьэкӀэкхъуэ-кӀагъэ къакӀэлъызэрихьэрт.
Ауэ блэжьым Хьэуа зи цӀэр хьилагъэкӀэ зэригъэпцӀам хуэдэу, фэри фи щхьэр зэӀигъыхьэу, Мэссихь щыпкъагъэу хувиӀэм фи щӀыбагъ хуэвгъэзэнкӀэ сошынэ.