Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Маттэ 26:25 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

25 Хьисэ тепщэныгъэ зиӀэхэм езыгъэубыдыну хэт Иудэ жиӀащ: – Равви, сэрмырауэ пӀэрэ жыхуэпӀэр? – Уэращ, зэрыжыпӀэм хуэдэщ, – жриӀащ абы Хьисэ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Маттэ 26:25
11 Iomraidhean Croise  

ЦӀыху зэхыхьэпӀэхэм езыхэм цӀыхухэм пщӀэ лей защыхурагъэщӀынри «дин егъэджакӀуэкӀэ» зрагъэджэнри ящӀасэщ.


– Ауэ фэ «дин егъэджакӀуэкӀэ» зэвмыгъаджэ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ дин егъэджакӀуэу фиӀэ закъуэр Мэссихьщ икӀи фэ псори фызэкъуэшщ.


Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху пщыкӀутӀым ящыщу Иудэ ИскариоткӀэ зэджэр дин пашэшхуэхэм я деж кӀуэри,


Иудэ зэрынэсу, бгъэдыхьэри: – ФӀэхъус апщи, Равви,* – жиӀэри, Хьисэ ба хуищӀащ.


– Аращ, зэрыжыпӀэм хуэдэщ, – жиӀащ Хьисэ. – Ауэ сэ нывжызоӀэ, иджы къыщыщӀэдзауэ, лъэкӀыныгъэшхуэ зиӀэ Тхьэм и ижьырабгъумкӀэ къыщысрэ, пшэхэм яхэту къакӀуэу, флъагъунущ ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр.


Пилат Ӏэтащхьэм и пащхьэм иуващ Хьисэ. – Уэ журтхэм урапащтыхь? – еупщӀащ Ӏэтащхьэр Хьисэ. – Аращ, зэрыжыпӀэм хуэдэщ, – жиӀащ Хьисэ.


– АтӀэ, Тхьэм ури-Къуэщ, ара? – къеупщӀащ псори. – Фэ зэрыжыфӀэм сыхуэдэщ, – яжриӀащ Хьисэ.


– АтӀэ упащтыхь? – еупщӀащ Пилат Хьисэ. – Аращ, зэрыжыпӀэм хуэдэу, сэ сыпащтыхьщ, – жиӀащ Хьисэ. – Пэжщ, сэ сыкъыщӀэхъуари мы дунейм сыкъыщӀытехьари щыпкъагъэм щыхьэт сытехъуэн щхьэкӀэщ. Щыпкъагъэм и ужь ит дэтхэнэри си макъым къедэӀуэнущ.


Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр къелъэӀуащ: – Равви, шхэ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan