Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Маттэ 26:23 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

23 – Си гъусэу мы лагъэм зи ӀэкӀэ щӀакхъуэр хэзыгъэпщӀарщ тепщэныгъэ зиӀэхэм сезыгъэубыдынур, – жэуап итыжащ Хьисэ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Маттэ 26:23
6 Iomraidhean Croise  

Зиусхьэным и лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжыр махуэм къыслъоӀэс, жэщым Абы уэрэд хужызоӀэ, гъащӀэ къызэзыт Тхьэм си тхьэлъэӀур изохьэлӀэ.


Ахэр икъукӀэ къэнэщхъеящ икӀи Хьисэ гъуэрыгъуэурэ къеупщӀу щӀадзащ: – Зиусхьэн, сэрмырауэ пӀэрэ а жыхуэпӀэр?


Ауэ тепщэныгъэ зиӀэхэм сезыгъэубыдынур си гъусэу мы Ӏэнэм бгъэдэсщ.


– Ауэ фэ псоми фтеухуакъым сэ жысӀэр. Сэ къыхэсхар сощӀэ, Тхьэм и псалъэ тхахэм хэт мы псалъэхэр, пэж хъун хуейщ: «Си щӀакхъуэр зышхам и лъэдакъэр къысхуигъэзэжри, бий къысхуэхъуащ».


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan