2 – ӀутӀыж махуэшхуэр къэсыным махуитӀ зэриӀэр фощӀэ. Жорым ираӀулӀын щхьэкӀэ, тепщэныгъэ зиӀэхэм яӀэщӀыхьэнущ ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр.
Симону зи къэралым гурэ псэкӀэ хуэлажьэу щытар, Иудэ Искариот; а Иудэращ Хьисэ тепщэныгъэ зиӀэхэм езыгъэубыдар.
Хьисэрэ и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ Галилей хэкум щыщызэхуэ-сыжам щыгъуэ, Хьисэ абыхэм яжриӀащ: – ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр цӀыхухэм яӀэщӀыхьэнурэ,
яжриӀащ: – Лъы хейр зэрыфэзгъэубыдамкӀэ гуэныхь сщӀащ. – Абы дэ ди Ӏуэху хэлъкъым, уэращ зи Ӏуэху хэлъыр, – къыжраӀащ абыхэм.
– Гугъуехь сшэчынум и пэ къихуэу мы ӀутӀыж пщыхьэщхьэшхэр фи гъусэу сшхыну гукъыдэжышхуэ сиӀащ, – яжриӀащ абыхэм.
Журтхэм я махуэшхуэ ӀутӀыжыр къэблэгъати, диным зэрыжиӀэм тету, а махуэшхуэм и пэ къихуэу загъэкъэбзэжыну а хэкум щыщ цӀыху куэд Ерусалим кӀуащ.
ӀутӀыж махуэшхуэр къэсыным махуих иӀэжу, Хьисэ Вифание жылэм къэкӀуащ. Хьисэ лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжа Лазар абы щыпсэурт.
Хьисэ тепщэныгъэ зиӀэхэм яригъэубыдыну Иудэм а щӀыпӀэр ицӀыхурт, Хьисэрэ и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ абы куэдрэ щызэхуэсырти.
Апхуэдэу щӀэхъуар Хьисэ и лӀэкӀэ хъунур ягуригъэӀуэн щхьэкӀэ, жиӀауэ щыта псалъэхэр пэж хъун щхьэкӀэщ.
Журтхэм я ӀутӀыж махуэшхуэр къэблэгъащ, Хьисэ Ерусалим дэкӀуеящ.