13 Пэжыр нывжызоӀэ, дуней псом хъыбарыфӀыр дэнэ щыщызэлъагъэщӀыскӀи, мы цӀыхубзым ищӀар яӀуэтэнущ, а цӀыхубзыр цӀыхухэм ягу фӀыкӀэ къагъэкӀыжын щхьэкӀэ.
зыкъеший, щӀыгумрэ уафэгумрэ къеплъыну;
Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм теухуа хъыбарыфӀым щӀылъэ псом тет цӀыхухэр ирагъэдэӀуэн хуейуэ щытщ, цӀыху лъэпкъ псоми я пащхьэм щыхьэт щыхъун щхьэкӀэ. Дунейм и кӀэухыр къэсынущ абы и ужькӀэ.
Аращи, фыкӀуи, лъэпкъ псори си гъуэгу къытевгъыхьэ. Адэ лъапӀэми, и Къуэми, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэми я цӀэкӀэ фыумэхъи,
ХъыбарыфӀыр лъэпкъ псоми хуаӀуэтэн хуейщ япэщӀыкӀэ.
Пэжыр нывжызоӀэ, дуней псом хъыбарыфӀыр щыщызэлъагъэщӀыскӀэ, мы цӀыхубзым ищӀари яӀуэтэнущ, а цӀыхубзыр цӀыхухэм я гум фӀыкӀэ къагъэкӀыжын щхьэкӀэ.
– Дуней псор къэфкӀухьурэ, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм, – цӀыху псори хъыбарыфӀым* евгъэдаӀуэ.
Ерусалим къыщыщӀэдзауэ дунейм тет лъэпкъ псори хиубыдэу, сэ, Мэссихьым, си цӀэкӀэ цӀыхухэр мы хъыбарым щрагъэдэӀуэнущ: Фи гуэныхьхэм фахущӀегъуэжи, Тхьэм ахэр къыфхуигъэгъунущ.
Корнелий шынауэ, и нэхэр абы триубыдэри, жриӀащ: – Зиусхьэн, сыт узыхуейр? – Уи тхьэлъэӀури уи псапэ тыхьхэри Тхьэм деж нэсащ, Тхьэм ахэр щымыгъупщауэ и гум илъщ, – къыжриӀащ мелыӀычым.
Ауэ сэ сыщӀоупщӀэ: ХъыбарыфӀыр зэхамыхауэ ара? Хьэуэ, фӀыуэ зэхахащ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу, «ХъыбарыфӀыр цӀыхухэм яхуэзыӀуатэхэм я макъыр щӀылъэм дэнэкӀи щызэхахащ, я псалъэхэри щӀылъэм и гъунэхэм нэсащ».
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зи щхьэм щытхъужыракъым Зиусхьэным ищтэр, атӀэ езы Зиусхьэныр зыщытхъуращ.
Зэхэфха хъыбарыфӀым ӀыхьэфӀ фыщигъэгугъащ. А ӀыхьэфӀыр зыми зыхевмыгъэгъэнын щхьэкӀэ, фӀэщхъуныгъэм и гъуэгу фытемыкӀыу пэжу фрикӀуэн хуейщ. Тхьэм хуэлажьэхэм а хъыбарыфӀыр уафэм и щӀагъым щыпсэу цӀыху псоми хуаӀуэтащ. Сэ, Паул, а хъыбарыфӀым сыхуолажьэ.
Дуней псоми хъыбарыфӀым фӀыгъуэ къыхудокӀуэ, цӀыху нахъыбэм я дежи нэс зэпытщ. Апхуэдэу фи дежи щыхъуащ, хъыбарыфӀыр зэхэфхыу, Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэр пэжу къыщывгурыӀуа махуэм къыщыщӀэдзауэ.
Абы и псэр цӀыху псоми щхьэщэхужу яхуитащ. Хьисэ апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ и чэзууэ Тхьэм и мурадыр игъэпэжащ.
Тхьэр захуэщ. Фэ влэжьа Ӏуэхур щыгъупщэнукъым. Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм дэӀэпыкъуэгъу фазэрыхуэхъуамкӀи иджыри дэӀэпыкъуэгъу фазэрыхуэхъумкӀи Тхьэм хуэвгъэлъэгъуа фӀылъагъуныгъэр щыгъупщэнукъым.
НэгъуэщӀ мелыӀыч гуэр уафэм щызелъатэу слъэгъуащ абы и ужькӀэ. Дунейм тет цӀыху псоми, лъэпкъ псоми, унагъуэ лъэпкъ псоми, бзэ псоми, къэрал псоми яхуиӀуэтэну Тхьэм и хъыбарыфӀу мыкӀуэдыжынур а мелыӀычым къихьырт.