9 – ЦӀыхухэм фэ гугъуехь фагъэшэчын щхьэкӀэ, тепщэныгъэ зиӀэхэм фырагъэубыдынурэ фрагъэукӀынущ икӀи сэ си цӀэр зэрывгъэлъапӀэм щхьэкӀэ лъэпкъ псори жагъуэгъу къыфхуэхъунущ.
Адрейхэм пащтыхьым и унэӀутхэр яубыдщ, лей кърахри къаукӀащ.
Абы къыхэкӀкӀэ, бегъымбархэри, акъылыфӀагъэ зиӀэ цӀыхухэри, дин егъэджакӀуэхэри сэ ныфхузогъакӀуэ. Абыхэм ящыщ зы гупыр жорым ефӀулӀынурэ, фыукӀынущ; адрей гупми фи синэгуэгухэм щӀопщкӀэ фыщеуэнущ икӀи зы къалэм дэфхунурэ адрей къалэм фхунущ.
Абы къыхэкӀкӀэ Тхьэм и акъылыфӀагъэкӀэ жиӀащ: «Бегъымбархэри апостолхэри абыхэм яхуэзгъэкӀуэнущ. Абыхэм ящыщ зы гуп къаукӀынущ, адрей гупри гугъу ирагъэхьэнущ».
– Ауэ мы Ӏуэху псори къэхъун и пэкӀэ, си цӀэр зэрывгъэлъапӀэм щхьэкӀэ, цӀыхухэм фаубыдынущ икӀи гугъуехь фагъэшэчынущ. Синэгуэгухэм фратынущ, лъэхъуэщым фыщӀадзэнущ икӀи пащтыхьхэмрэ Ӏэтащхьэхэмрэ я пащхьэм фрашэнущ.
– Дунейм и цӀыхухэм фыкъалъагъу мыхъуу щытмэ, фэ фыкъалъагъу мыхъу хъун и пэкӀэ сэри сыкъалъагъу мыхъуу зэрыщытар зыщывмыгъэгъупщэ.
Ауэ си цӀэр зэрывгъэлъапӀэм щхьэкӀэ, а бзаджагъэ псори къыващӀэнущ, сэ сыкъэзыгъэкӀуар яцӀыхуркъыми.
Синэгуэгухэми фыкъыщӀахунущ. Уеблэмэ фэ фызыукӀ дэтхэнэми Тхьэм абыкӀэ хуэлажьэу щигугъэну махуэр къэсынущ.
Уэ уи гурылъхэр къыджыпӀэурэ, дебгъэдэӀуэну дыхуейщ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ диным и гъуэгум тет а гупым цӀыхухэр дэнэкӀи къызэрыщыпэувым дыщыгъуазэщ.
ЯукӀын мурад яӀэу мывэкӀэ къеуэу щыщӀадзэм, Стефан лъэӀуащ: – Зиусхьэн Хьисэ, си псэр сӀых!
Ауэ Мэссихь и гъуэгу зэрырикӀуэм щхьэкӀэ зыгуэрым гугъуехь ишэчмэ, иремыукӀытэ, Мэссихь и гъуэгу ирикӀуэхэм зэращыщым щхьэкӀэ, Тхьэм щӀыхь хурырещӀ.
Гугъуехьу фшэчынухэм фащымышынэ. Мыр нывжызоӀэ, фигъэунэхун щхьэкӀэ шейтӀаным фэ фщыщ гуэрхэр лъэхъуэщым щӀидзэнущ, гузэвэгъум махуипщӀкӀи фыхэтынущ. ЛӀэныгъэм нэсыху фыкъысхуэпэж. Фыкъысхуэпэжмэ, тажу мыкӀуэдыжын гъащӀэр фэстынущ.
Фэ влэжь Ӏуэхухэр сощӀэ, шейтӀаным и тахътэр здэщыӀэм фызэрыщыпсэури сощӀэ. Сэ си цӀэм фыкъыхуэпэжщ. Фэ фыщыпсэу щӀыпӀэу шейтӀаныр здэщыӀэм си щыхьэт пэжу Антипэ зи цӀэр цӀыхухэм щыщаукӀа махуэхэми сэркӀэ фиӀэ фӀэщхъуныгъэм фепцӀыжын вдакъым.
– Тхьэмадэ, ахэр уэ уощӀэ, – жысӀащ сэ. – Мыхэращ гузэвэгъуэшхуэм къыхэкӀар, – къызжиӀащ абы. – Я джанэ кӀыхьхэр Щынэм илъкӀэ ягъэкъэбзэжри, хужьыбзэу яжьыщӀыжащ.