Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Маттэ 24:7 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

7 Зы лъэпкъыр адрей лъэпкъым, зы къэралри адрей къэралым езэуэну къызэщӀэтэджэнущ. Гъабли къэхъунущ, щӀыр щӀыпӀэ-щӀыпӀэхэмкӀи хуабжьу щыхъеинущ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Маттэ 24:7
20 Iomraidhean Croise  

– ЩӀыр щӀыпӀэ-щӀыпӀэхэмкӀи хуабжьу щыхъеинущ икӀи уз зэрыцӀалэхэмрэ гъаблэхэмрэ къэхъунущ. УафэмкӀи шынагъуэшхуэ нэщэнэхэр къикӀынущ.


Абыхэм ящыщу Агав зи цӀэр къэтэджри, дуней псом гъаблэшхуэ къызэрыщыхъунур Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм абы и гум кърилъхьэри къыжригъэӀащ. Клавдий кесарым и тепщэгъуэращ ар къыщыхъуар.


Уафэм Ӏуэху телъыджэхэр къыщызгъэлъэгъуэнущ, щӀылъэми нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэр къыщызгъэлъэгъуэнущ: лъы, мафӀэ, Ӏугъуэшхуэ флъагъунущ.


«Аргуэру» жыхуиӀэ псалъэм къегъэнахуэ Тхьэм игъэхъей псори – Тхьэм къигъэщӀа псори – я пӀэм зэрырихыжынур. Тхьэм имыгъэхъея Ӏуэхухэращ къызэтенэнур.


ИтӀанэ Щынэм еханэ мыхъурыр зэрытричыр слъэгъуащ. ЩӀылъэр хуабжьу хъеящ абы щыгъуэ, дыгъэри бжэныцым къыхэщӀыкӀа щэкӀ фӀыцӀэм хуэдэ кӀыфӀ хъуащ, мазэри лъым хуэдэ плъыжь хъуащ.


Ещанэ мыхъурыр Щынэм щытричым, ещанэ псэущхьэми, «КъакӀуэ, еплъ!» жиӀэу зэхэсхащ. Сыщыплъэм, шы къарэ къэслъэгъуащ. Абы тесым тэрэзэ иӀыгът.


ПсэущхьиплӀым яку макъ гуэр къыдэӀукӀри мыпхуэдэу жиӀэу зэхэсхащ: «Фалъищым илъ гуэдзыр зы махуапщӀэ мэхъу, фалъибгъум илъ хьэри зы махуапщӀэ мэхъу. Дагъэми жызумми уи ягъэ йомыгъэкӀ».


Сыщыплъэм, шыгъуэ къэслъэгъуащ. Абы тесым и цӀэр ЛӀэныгъэт. Хьэдрыхэ абы кӀэлъыкӀуэрт. Абыхэм джатэмкӀи, гъаблэмкӀи, уз зэрыцӀалэхэмкӀи, щӀылъэм и хьэкӀэкхъуэкӀэхэм я дэӀэпыкъуныгъэкӀи цӀыхухэр ягъэлӀэну щӀылъэм и плӀанэм тепщэныгъэ хуаӀэ хъуащ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan