5 – Си цӀэр зыфӀащурэ, «Мэссихьыр сэращ» жаӀэу, цӀыху куэд къэкӀуэнущ, цӀыху куэди къагъэпцӀэнущ.
Бегъымбар нэпцӀ куэд къежьэнущ, цӀыху куэди къагъэпцӀэнущ.
Мэссихь нэпцӀхэмрэ бегъымбар нэпцӀхэмрэ къежьэнущи. Абыхэм нэщэнэ гъэщӀэгъуэнхэри Ӏуэху телъыджэхэри къагъэлъагъунущ, Тхьэм къыхиха цӀыхухэри ягъэпцӀэн мурадкӀэ, ялъэкӀмэ.
Сэ си Адэм и цӀэкӀэ сыкъэкӀуащ, ауэ фэ сывдэркъым; абы и цӀэкӀэ нэгъуэщӀ гуэр къакӀуэмэ, ар вдэнущ.
«Фи гуэныхьхэр фтелъу фылӀэжынущ», нывжесӀащ. Пэжщ, сэ сызыщыщыр ныщывжесӀэкӀэ, ар фэ фи фӀэщ мыхъумэ, фи гуэныхьхэр фтелъу фылӀэжынущ.
Арати, Хьисэ абыхэм яжриӀащ: – ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр щыфӀэткӀэ, сэ хэт сыщыщми, сэр-сэру зыри зэрызмыгъэзащӀэри, си Адэм сигъащӀэ псалъэхэр къызэрыжысӀэри къэфщӀэнущ.
Фэ, си бынхэм хуэдэхэ, мыр иужьрей дыдэ зэманщ. Антихрист къэкӀуэну зэрызэхэфхам хуэдэу, Антихрист куэд къэкӀуащ иджы. Апхуэдэу, и ужь дыдэ зэманыр къызэрысар дощӀэ.
Хэт атӀэ пцӀы зыупсыр? Хьисэ зэры-Мэссихьыр зымыдэр арщ. Апхуэдэ цӀыхуращ Антихристыр – Адэ лъапӀэри Къуэ лъапӀэри зымыдэрщ.
Хьисэ Мэссихь дунейм цӀыхуу къызэрыкӀуам шэч къытезыхьэ дэтхэнэми и гум Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр илъкъым. А цӀыхум и гум илъыр Антихрист и псэр арщ. Ар къызэрыкӀуэнур зэхэфхащ. Ар дунейм къытехьакӀэщ иджы.
Тхьэм дунейр къыщигъэщӀам къыщыщӀэдзауэ, зи цӀэхэр Щынэ фӀагъэжам и тхылъым ит цӀыхуу гъащӀэ зыгъуэтынухэм фӀэкӀа къэмынэу, щӀылъэм тет адрей цӀыху псоми хьэщхьэвылъэр ягъэлъэпӀэнущ.