Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Маттэ 24:3 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

3 Хьисэ Елеон Ӏуащхьэм тесу, и гъуэгу ирикӀуэхэр я закъуэ къыбгъэдыхьэри къеупщӀащ абы щыгъуэ: – КъыджеӀэт, а жыхуэпӀа Ӏуэхухэр сыт щыгъуэ къыщыхъунур, икӀи уэ дунейм укъызэрыкӀуэжынумрэ мы дунейм и кӀэухыр къызэрыкӀуэнумрэ я нэщэнэхэр сыт?

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Маттэ 24:3
23 Iomraidhean Croise  

Хьисэ зыхэт цӀыху гупышхуэхэм къахэкӀри, зыщӀэса унэм щӀыхьэжащ абы и ужькӀэ. И гъуэгу ирикӀуэхэр къыбгъэдыхьэри, Хьисэ къеупщӀащ: – Хьэсэм къыхэкӀа удз ежьужьым теухуа ущие хъыбарым къикӀыр къыдгурыгъаӀуэ.


Апхуэдэущ зэрыхъунур мы дунейм и кӀэухым деж. МелыӀычхэр къехынурэ, щыпкъагъэ зигу илъ цӀыхухэм цӀыху бзаджэхэр къыхашурэ,


И гъуэгу ирикӀуэхэр къыбгъэдыхьэри, Хьисэ еупщӀащ: – Фарисейхэм а жыпӀахэр зэхаха нэужь, я гум мыхъун къызэрырагъэхьар пщӀэрэ?


ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр, и мелыӀычхэр щӀыгъуу, и Адэм и щӀыхьышхуэм хуэдэ щӀыхьышхуэ иӀэу къэкӀуэжынущ. Хэти ищӀам хуэфащэ иригъэгъуэтыжынущ абы щыгъуэ.


Пэжыр нывжызоӀэ, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм и Тепщэныгъэшхуэр иӀэу къакӀуэу ялъагъуху, лӀэныгъэр зылъэмыӀэсын яхэтщ мыбдежым щыт цӀыхухэм.


Хьисэрэ и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ я закъуэу къыщынэм, ахэр Хьисэ къыбгъэдыхьэри къеупщӀащ итӀанэ: – Жин бзаджэр хэтхун дэ щхьэ тхузэфӀэмыкӀарэ?


Хьисэрэ и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ Ерусалим пэгъунэгъу хъуащ. Елеон Ӏуащхьэм и лъапэм тес Виффагие жылэм щынэсым, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщ цӀыхуитӀ япэ иригъэщаш,


къуэкӀыпӀэмкӀэ къыщыхъуэпскӀ уафэхъуэпскӀым къухьэпӀэм нэсыху дунейр зэригъэнэхум хуэдэу, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр къыщыкӀуэжыну махуэри хъунущи.


ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм и нэщэнэ уафэм къыщылъэгъуэнущ икӀи дунейм тет лъэпкъ псори гъыурэ я бгъэм еуэжынущ абы щыгъуэ. ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр, пшэхэм хэтрэ лъэкӀыныгъэшхуэрэ щӀыхьышхуэрэ иӀэу, къакӀуэу цӀыхухэм ялъагъунущ.


Нухь бегъымбарым и махуэхэм Ӏуэхухэр зэрыщытам хуэдэу, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр дунейм къыщыкӀуэжынум дежи Ӏуэхухэр абы тетынущ.


Къэхъунур ямыщӀэурэ, псыдзэр къащӀэуэри, ахэр псори ихьащ икӀи итхьэлащ. ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр дунейм къыщыкӀуэжынум дежи апхуэдэущ Ӏуэхухэр зэрыщытынур.


Ауэ мыр зэвгъащӀэ: Унэр зейм дыгъуакӀуэр къыщыкӀуэну сыхьэтыр ищӀэу щытатэмэ, жеинтэкъым икӀи и унэм щӀигъыхьэу щӀэлъыр иригъэдыгъунтэкъым.


унафэу нывжесӀа псори ягъэзэщӀэну яхуэвгъэув. Пэж дыдэщ ар, дунейм и кӀэухым нэсыху сыт щыгъуи сывигъусэнущ сэ. Ӏэмин.


– Дин егъэджакӀуэ, уэ а жыхуэпӀэ Ӏуэхухэр сыт щыгъуэ къыщыхъунур икӀи ахэр къызэрыхъунум и нэщэнэхэр сыт? – къеупщӀащ ахэр.


– Адэ лъапӀэм езым и тепщэныгъэкӀэ пӀалъэрэ лъэхъэнэу игъэувахэмрэ фэ фщӀэну фыхуиткъым, – яжриӀащ Хьисэ.


Апхуэдэу щымытатэмэ, Тхьэм дунейр къыщигъэщӀам къыщыщӀэдзауэ Мэссихь куэдрэ гугъуехь ишэчын хуей хъунут. Ауэ езым къурмэныпхъэ зэрызищӀамкӀэ гуэныхьыр игъэкӀуэдын щхьэкӀэ, иджы, лъэхъэнэхэм я кӀэух дыдэм деж, аргуэру къэмылъэгъуэжыну, зэ закъуэ къэлъэгъуащ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan