2 – Мы псори флагъурэ? – яжриӀащ Хьисэ абыхэм. – Пэжыр нывжызоӀэ, мывитӀ къызэтемынэжу, псори зэтекъутэнущ.
Уэри уи быну къалэм дэсхэри уи бийхэм фагъэкӀуэдынущ, мывитӀ зэтелъу къагъэнэнукъым, Тхьэм умыкӀуэду укъыщригъэлыну зэманыр къэсауэ къызэрыбгурымыӀуам щхьэкӀэ.
Псори апхуэдэу зэрыкӀуэдыжынум щхьэкӀэ, Тхьэм и махуэм фыпэплъэу, а махуэр нэхъ псынщӀэу къызэрысыным и ужь фиту, фигу къабзэу Тхьэм фыфӀэлӀыкӀыу фыпсэун хуейщ. А махуэр къыщыскӀэ, уафэхэр мафӀэкӀэ кӀуэдыжынущ. Дунейр къызыхэщӀыкӀахэр мафӀэ гуащӀэм игъэткӀунущ.
Тхьэм щелъэӀу унэшхуэ гуэри щыслъэгъуакъым а къалэ лъапӀэм, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ лъэкӀыныгъэшхуэ псори зиӀэ Зиусхьэну Тхьэмрэ Щынэмрэ а къалэм зэрыщыӀэм щхьэкӀэ, а къалэр Тхьэм щелъэӀу унэшхуэ лъэпкъ хуэныкъуэкъым.