Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Маттэ 24:12 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

12 Бзаджагъэм къызэрыхэхъуэм къыхэкӀкӀэ, цӀыху куэдым я фӀылъагъуныгъэр упщӀыӀунущ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Маттэ 24:12
8 Iomraidhean Croise  

Бегъымбар нэпцӀ куэд къежьэнущ, цӀыху куэди къагъэпцӀэнущ.


Ауэ икӀэм нэсыху теубыдэныгъэ зиӀэр Тхьэм мыкӀуэду къригъэлынущ.


Аращи, гу фӀеигъэу къыфхэна псори, бзаджагъэ псори зыхэвн. Тхьэм фигухэм кърилъхьа псалъэу фи псэхэр мыкӀуэду къезыгъэлын зылъэкӀынухэр гу щабагъэкӀэ фубыд.


Гугъуехьу фшэчынухэм фащымышынэ. Мыр нывжызоӀэ, фигъэунэхун щхьэкӀэ шейтӀаным фэ фщыщ гуэрхэр лъэхъуэщым щӀидзэнущ, гузэвэгъум махуипщӀкӀи фыхэтынущ. ЛӀэныгъэм нэсыху фыкъысхуэпэж. Фыкъысхуэпэжмэ, тажу мыкӀуэдыжын гъащӀэр фэстынущ.


Фэ влэжь Ӏуэхухэр сощӀэ. Фигухэр икӀи хуабэкъым, икӀи щӀыӀэкъым. Фигухэр хуабэу щытыгъащэрэт е щӀыӀэу щытыгъащэрэт.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan