9 Зыми щӀылъэм фи «адэкӀэ» фыщемыджэ, фэ адэу фиӀэ закъуэр уафэм щыӀэ фи Адэ лъапӀэрщи.
Апхуэдэ дыдэу, «ущиякӀуэкӀи» зэвмыгъаджэ, ущиякӀуэу фиӀэ закъуэр Мэссихьщи.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ апхуэдэ Ӏуэху псорищ дунейм тет лъэпкъхэм къалъыхъуэр. А псоми фэ фызэрыхуэныкъуэр фи Адэ лъапӀэу уафэм щыӀэм ищӀэркъэ?
Аращи, фэ фыбзаджэ пэтми, фи бынхэм фӀыгъуэ зэрефтынур фощӀэ. АтӀэ абы нэхърэ ӀэджэкӀэ нэхъыбэу фи Адэ лъапӀэу уафэм щыӀэм елъэӀухэм фӀыгъуэ яхуищӀэнукъэ?
– Ди къуэшхэри ди адэхэри зызгъэхеижын щхьэкӀэ нывжесӀэнум фыкъедаӀуэ.
Мэссихь и гъуэгум теухуа Ӏуэхугъуэхэр фэзыгъэщӀэн цӀыху мин фиӀэми, адэ куэд фиӀэкъым. ХъыбарыфӀыр щыфхуэсӀуатэм, Мэссихь Хьисэ фи псэм щыщ зэрыхъуам щхьэкӀэ адэм хуэдэ сыфхуэхъуащ.
Сэ фэ Адэ сыфхуэхъунущ, фэри къуэрэ пхъурэ фыкъысхуэхъунущ, жеӀэ лъэкӀыныгъэ псори зиӀэ Зиусхьэным».
Абы нэмыщӀ, мы дунейм дытету ди адэхэм ӀурыщӀэ дащӀмэ, фӀэлӀыкӀ яхудиӀэщ. Дыпсэун щхьэкӀэ, уафэм тес ди Адэ лъапӀэм абы нэхърэ нэхъыбэу дыхуэӀурыщӀэн хуейщ.
Адэ лъапӀэм къытхуиӀэ фӀылъагъуныгъэшхуэм фегупсыс. «Фэ фызибынщ», жеӀэ. Абы и бынхэуи дыщытщ. Мы дунейм и цӀыхухэм дэ дыщӀамыщӀэр Адэ лъапӀэр ящӀэркъыми, аращ.