6 Гухэхъуэ Ӏэнэ щытрагъэувэн щыгъуи, синэгуэгухэм цӀыхухэр щыщызэхуэскӀи тхьэмадэ тӀысыпӀэхэр яубыдын яфӀэфӀщ.
– Сыт уэ узыхуейр? – еупщӀащ Хьисэ цӀыхубзым. – Уи тепщэныгъэшхуэр къыщыскӀэ, мы си къуитӀым зыр уи ижьырабгъумкӀэ, адрейр уи сэмэгурабгъумкӀэ тӀысыну хуит щӀы, – къыжриӀащ цӀыхубзым.
Зэшхэм хуэдэу, фӀыуэ фызэрылъагъу; фи щхьэр зэрыфлъытэм нэхърэ, адрейхэр нэхъыфӀэу флъытэ.
Члисэ зэхуэсым тхылъ хуэстхащ, ауэ Диотрефу абыхэм пашэ яхуэхъуну хуейм дидэркъым.