5 – Абыхэм я ӀуэхуфӀ псори цӀыхухэм ирагъэлъагъун щхьэкӀэщ щӀащӀэр. Абыхэм я нэмэз пхъуантэ цӀыкӀуэхэр нэхъ ин, я фащэ кӀыхьхэм я къуакӀэр нэхъ кӀыхь ящӀ.
ЦӀыхубз гуэр, илъэс пщыкӀутӀ хъуауэ, лъы куэд щӀэкӀыурэ игъэгуӀэрт. Ар Хьисэ и щӀыбагъымкӀэ къыщыбгъэдыхьэри, и щыгъын кӀапэм къеӀусащ;
Хьисэ абыхэм яжриӀащ: – Фэ цӀыхухэм я пащхьэм щыпкъагъэ фигу илъ хуэдэу фэ зыщытывогъауэ, ауэ фэ фи гум илъыр Тхьэм ещӀэ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ цӀыхухэм ягъэлъапӀэ Ӏуэхугъуэхэр Тхьэм дежкӀэ пуд дыдэщ.
Фызабэхэм я унэхэр къытрах. ЦӀыхухэм зыщагъэтхъун щхьэкӀэ, я тхьэлъэӀухэр кӀыхь ящӀ. Ахэр хуабжьу игъэпшынэнущ Тхьэм.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и щытхъум нэхърэ цӀыхухэм я щытхъур нэхъ я гуапэти.
Тхьэ закъуэм къыбгъэдэкӀ щытхъум фымылъыхъуэу, зыр зым фыщытхъужмэ, дауэ фӀэщхъуныгъэ фиӀэ зэрыхъунур?
Езым и цӀэкӀэ къэпсалъэм езым и щхьэм и фейдэщ къилъыхъуэр, ауэ ар къэзыгъэкӀуам и щӀыхьыр иӀэтыну и ужь итыр щыпкъэгъэ зыхэлъ цӀыхущ, абы мыпэж лъэпкъ хэлъкъым.
Пэжщ, фыгъуэнырэ зэщыхьэнырэ я гум илъу, Мэссихь теухуа хъыбарыр цӀыхухэм яхуэзыӀуатэхэри щыӀэщ, ауэ нэгъуэщӀ цӀыхухэм, я гум фӀы зэрилъым къыхэкӀкӀэ, Мэссихь и хъыбарыр цӀыхухэм хуаӀуатэ.
Зэщыхьэными зыкъыфӀэщӀыжыными къахэкӀауэ зыри фымыщӀэ, нэгъуэщӀ цӀыхухэр фи щхьэр зэрыфлъытэжым нэхърэ нэхъ ину флъытэ фымыпагэу.
А цӀыхур тхьэуэ жыхуаӀэхэми цӀыхухэм ягъэлъапӀэ Ӏуэху псоми япэувынущ, а псоми нэхърэ нэхъ ину зилъытэжынущ. Тхьэм и унэшхуэми щӀэтӀысхьэнурэ, «Сэ сы-Тхьэщ», жиӀэнущ.