Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Маттэ 23:3 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

3 Аращи, фщӀэн хуейуэ икӀи вгъэзэщӀэн хуейуэ абыхэм къывжаӀэ псори вгъэзащӀэ, ауэ ящӀэр фымыщӀэ, абыхэм жаӀэ фӀэкӀ, жаӀэр ягъэзащӀэркъыми.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Маттэ 23:3
16 Iomraidhean Croise  

– Адэр адрей и къуэми бгъэдыхьэри, ар дыдэр жриӀащ. ЩӀалэм жиӀащ: «СыкӀуэнщ, ди адэ», ауэ кӀуакъым.


– Торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ фарисейхэмрэ Мусэ бегъымбарым и тахътэм тетӀысхьащ.


Хьэлъэ зехьэгъуейхэр зэкӀуэцӀапхэри, цӀыхухэм я дамащхьэм тралъхьэ, ауэ цӀыхухэм ядэӀэпыкъуну езыхэм я зы Ӏэпхъуамби ягъэхъейркъым.


– ЦӀыхухэм нэхърэ Тхьэм нэхъ дедэӀуэн хуейщ, – жэуап къатыжащ Петррэ адрей апостолхэмрэ.


Тепщэныгъэ зиӀэхэм яхуэӀурыщӀэу щрет хэти. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм имыухамэ, зыми тепщэныгъэ иӀэ хъунукъым. Тепщэныгъэ зиӀэу щыӀэхэр зыгъэувар Тхьэрщ.


Тхьэм и фӀэлӀыкӀ ягу илъ хуэдэу зыкъагъэлъагъуэнущ, ауэ Тхьэм и лъэкӀыныгъэр ядэнукъым. Апхуэдэ цӀыхухэм пэӀэщӀэ зыщӀ.


Тхьэр ящӀэу жаӀэ, арщхьэкӀэ ялэжь ӀуэхухэмкӀэ Тхьэр зэрамыщӀэр ӀупщӀу къагъэлъагъуэ. Ахэр цӀыху гущыкӀыгъуэщ, жыӀэмыдаӀуэщ, сыт и лъэныкъуэкӀи фӀагъ лъэпкъ къапыкӀыркъым.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan