6 Адрейхэм пащтыхьым и унэӀутхэр яубыдщ, лей кърахри къаукӀащ.
Стефан зэраукӀар Щаул фӀэзахуэщ. Члисэ зэхуэсым щыщу Ерусалим дэсхэр хуабжьу къызэрахуэкӀыу щӀадзащ цӀыхухэм а махуэ дыдэм. Апостолхэм нэмыщӀ, фӀэщхъуныгъэ зиӀэ псори Иудей, Самарие хэкухэм щызэбгрыкӀащ.
– Ауэ абыхэм унэӀутхэм нэмыплъ къратри, зыр и хьэсэм кӀуащ, адрейр и сату и ужь ихьэжащ.
Пащтыхьым ар щызэхихым, къэгубжьщ, и дзэр игъакӀуэщ, а лӀыукӀхэр зэтрыригъэукӀэри, я къалэри мафӀэкӀэ иригъэгъэсащ.
Абы къикӀыр езыр хамэ лъэпкъхэм зэраӀэщӀыхьэнурщ. Ахэр абы къыщыдыхьэшхынущ, къыхущӀэджэнущ икӀи къеубжьытхынущ. ИтӀанэ щӀопщкӀэ къеуэнущ икӀи яукӀынущ,
Лъэхъуэщым щӀэсхэр, абы фадыщӀэсым хуэдэу, икӀи гугъуехь зышэчхэри, гугъуехь ядэфшэчым хуэдэу, зыщывмыгъэгъупщэ. Фэри мы дунейм тет цӀыхухэм фащыщщ.