5 – Ауэ абыхэм унэӀутхэм нэмыплъ къратри, зыр и хьэсэм кӀуащ, адрейр и сату и ужь ихьэжащ.
ЛутӀ щӀэкӀри, епсэлъащ хуэхъуну малъхъэхэм, яжриӀащ абыхэм: – Фытэдж, фыдэкӀ мы къалэм! Зиусхьэным ар игъэкӀуэдынущ. Ауэ абы и малъхъэхэм къафӀэщӀащ ар гушыӀэу.
ИтӀанэ иритащ Екъуб Эсау щӀакхъуи джэшым къыхэщӀыкӀа шхыныгъуэри. Модрейри ешхэщ, ефэщ, тэджри ежьэжащ; щыпэлъхум и хуитыныгъэм апхуэдизэу уасэ хуищӀакъым Эсау.
НэгъуэщӀ цӀыху гуэр банэхэм хэлъэлъа жылэм хуэдэщ. Тхьэм и псалъэхэр зэхех апхуэдэм, ауэ мы дунейм щызекӀуэ гугъуехьхэмрэ беягъэм и пцӀымрэ Тхьэм и псалъэу и гум илъхэр ятхьэлэри, абы фӀыгъуэ къыпыкӀыркъым.
– Пащтыхьым нэгъуэщӀ унэӀутхэр игъэкӀуащ, мыпхуэдэу яжриӀэри: «Фыкъеблагъэ зыжесӀахэм яжефӀэ: Ӏэнэр хьэзырщ, выхэри, хьэгъуэлӀыгъуэм хуэзгъэшха нышхэри фӀезгъэгъэжащ, псори хьэзырщ, хьэгъуэлӀыгъуэм фыкъеблагъэ».
Адрейхэм пащтыхьым и унэӀутхэр яубыдщ, лей кърахри къаукӀащ.
– Мыхэр Ӏуфх. Си Адэм и унэр сатущӀыпӀэ фымыщӀ, – яжриӀащ Хьисэ тхьэрыкъуэ зыщэхэм.
– Ахэр фадэ ӀэфӀ ефэкъуащ! – абыхэм ящӀэнакӀэу жаӀащ языныкъуэхэм.
Щыпкъагъэм, зышыӀэныгъэм, къемэтмахуэм теухуауэ Паул псалъэу щыщӀидзэм, Феликс къащтэри, жиӀащ: – Иджы кӀуэж, пӀалъэр къэсмэ, укъезгъэшэнщ.
Е Тхьэм и фӀыгъуэшхуэри, и гущабагъэшхуэри, и шыӀэныгъэшхуэри гулъытэншэу къэбгъанэу ара? Уэ гуэныхьу пщӀахэм уахущӀегъуэжыну Тхьэм и фӀыгъуэшхуэкӀэ Ӏэмал къызэрыуитыр къыбгурыӀуэркъэ?
Фэ фи гуэныхьыщӀэ щэныжьыр зыщӀэхъуэпс Ӏуэхухэм фегупсысыным Ӏейуэ къыхэкӀыр ажалыращ, ауэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и Ӏуэхухэм фегупсысыным фӀыуэ къыхэкӀыр гъащӀэрэ гузэгъэгъуэрэщ,
уащыгугъ хъужынукъым абыхэм, щхьэпсынщӀагъэкӀэ псэунущ, я пэр драгъэзеинущ; Тхьэр фӀыуэ ялъагъуным нэхърэ, загъэтхъэжыныр нэхъ къащтэнущ;
Аращи, дымыкӀуэду Тхьэм дыкъызэрыригъэлым и хъыбар лъапӀэр тфӀэмыӀуэхуу дыщытмэ, дэри тхуэфащэр Тхьэм зэрыдигъэпшыныжынум дауэ дыӀэщӀэкӀыну? Езы Зиусхьэныр арщ а хъыбарыр япэ къытхуэзыӀуэтар икӀи абы къыжиӀар зэхэзыхам а хъыбарыр къытхуагъэпэжащ.
Я нэпсеягъэкӀэ псалъэ нэпцӀхэр къыжаӀэурэ, фи фӀагъ зрагъэкӀынущ. Тхьэм ахэр зэригъэкъуаншэрэ куэд щӀащ, Тхьэуэ ахэр зыгъэкӀуэдынур жейркъым.