2 – Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэр зыхуэдэр мыращ. Пащтыхь гуэрым и къуэм къригъашэри, хьэгъуэлӀыгъуэ хуищӀащ.
Хьисэ нэгъуэщӀ ущие хъыбари яхуиӀуэтащ абыхэм: – Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэр зыхуэдэр хьэсэм жылэфӀ хэзысарщ.
Хьисэ ущие хъыбархэмкӀэ цӀыхухэм аргуэру яжриӀащ:
Зи тепщэр хьэгъуэлӀыгъуэм къикӀыжыным пэплъэрэ бжэм къызэрытеуӀуэу хуӀузыхыну хьэзыру щытхэм хуэдэу фыщыт.
Хьиси абы и гъуэгу ирикӀуэхэри а хьэгъуэлӀыгъуэм ирагъэблэгъауэ щытащ.
Тхьэм къыбгъэдэкӀ ефыгъулӀэныгъэкӀэ сэ сынывофыгъулӀэ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фэ хъыджэбз къабзэм хуэдэу лӀы закъуэу Мэссихь и пащхьэм физгъэхьэу, абы фыдэкӀуэну фыкъыхезгъэшащ.