Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Маттэ 22:12 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

12 Щилъагъум, пащтыхьыр а лӀым еупщӀащ: «Си ныбжьэгъу, мыпхуэдэу фейцейуэ ухуэпауэ, дауэ укъеблэгъа?» Ауэ адрейм зыри жиӀакъым.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Маттэ 22:12
13 Iomraidhean Croise  

Аращи, игъуэ нэмысауэ, Зиусхьэнри къэмыкӀуэжауэ, Ӏуэху гуэрым хьэкум тевмыщӀыхь. КӀыфӀыгъэм щӀиуфар Зиусхьаным къигъэнэхуэнущ, цӀыхухэм я гум илъри нахуэ къищӀынущ. Тхьэм хэти хуэфащэ щӀыхьыр къритыжынущ абы щыгъуэ.


– Жызум хадэр зейм абыхэм ящыщ зым жриӀащ: «Си ныбжьэгъу, мыхъун уэсщӀэркъым. Зы динаркъэ дызэрызэгурыӀуар?


А цӀыхум и акъыл зэрыныкъуэр, ар зэрыгуэныхьыщӀэр уощӀэ. Езым и щхьэкӀэ зигъэкъуэншэжащ апхуэдэм.


– Ныбжьэгъу, укъыщӀэкӀуар сыт? – жриӀащ абы Хьисэ. Адрейхэр къыбгъэдыхьэри, Хьисэ яубыдащ.


Торэт хабзэм къыжиӀэр Торэт хабзэм тет цӀыхухэм зэражриӀэр дощӀэ. Апхуэдэу цӀыху псоми я жьэр яригъэубыда хъуащ икӀи дунейм тет цӀыху псори Тхьэм дежкӀэ къуаншэу къыщӀэкӀащ,


Пэжыр нывжызоӀэ, фэ фи щыпкъагъэр торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ фарисейхэмрэ я щыпкъагъэм нэхърэ нэхъ ин мыхъумэ, Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм фыщӀыхьэнукъым.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan