Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Маттэ 22:10 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

10 УнэӀутхэр гъуэгухэм техьэри, ягъуэта псори, цӀыхуфӀхэри цӀыху бзаджэхэри, кърагъэблэгъащ; хьэгъуэлӀыгъуэм къекӀуэлӀар унэм щӀэз хъуащ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Маттэ 22:10
15 Iomraidhean Croise  

Абы и ужькӀэ сыщыплъэм, лъэпкъ псоми, унагъуэ лъэпкъ псоми, къэрал псоми, бзэ псоми ящыщу пхуэмыбжыну цӀыху куэдыкӀей слъэгъуащ. Джанэ кӀыхь хужьхэр ящыгъыу, хъурмэ жыгым и къудамэхэр яӀыгъыу, тахътэмрэ Щынэмрэ я пащхьэм итт ахэр.


А цӀыхухэр дэ къытхэкӀащ, ауэ дэ тщыщакъым. Дэ тщыщу щытамэ, ахэр ди деж къэнэнут. Ауэ дэ тхэкӀащ, абыхэм ящыщ зыри дэ зэрытщымыщыр нахуэ хъуащ а щӀыкӀэмкӀэ.


Фи деж сыныщыкӀуэкӀэ, фи пащхьэм Тхьэм сыщигъэлъэхъшэну икӀи нэхъапэм гуэныхь зыщӀа цӀыху куэду зигу фӀеягъэм, зинэ щӀэным, мыхъумыщӀэ псэукӀэу зыхэтхэм хущӀемыгъуэжахэм си гур хагъэщӀынкӀэ сошынэ.


– Ахэр дагъэ щэху кӀуауэ, щауэр къэсащ икӀи хьэзыру щыта хъыджэбзитхур зыщӀигъущ, джэгу щащӀ унэм щӀыхьэри, бжэри къагъэбыдэжащ.


УэрэдыщӀэ къыжаӀащ: «Тхылъыр пщтэну, и мыхъурхэри тепчыну уэ пхуэфащэщ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ цӀыхухэм уфӀагъэжащ, уилъкӀэ унагъуэ лъэпкъ псоми, бзэ псоми, къэрал псоми, лъэпкъ псоми ящыщ цӀыхухэм я щхьэхэр Тхьэм папщӀэ къэпщэхужащ.


– Хьэсэ хъужыр дунейр арщ. ЖылэфӀ хъужыр Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм* щӀэт цӀыхухэр арщ. Ежьужь хъужыр шейтӀаным и цӀыхухэр арщ.


– Щауэр я гъусэхукӀэ, абы и гъусэхэм щыгъуэн ялъэкӀыну? – яжриӀащ Хьисэ абыхэм. – Ауэ щауэр абыхэм пэӀэщӀэ щащӀыну махуэхэр къэунэхунущ, абы щыгъуэ нэщӀ исынущ ахэр.


Аращи, гъуэгу зэхэкӀыпӀэхэм фыкӀуи, хэт вгъуэтми, хьэгъуэлӀыгъуэм къевгъэблагъэ».


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan