Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Маттэ 21:9 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

9 ЦӀыху гупышхуэу Хьисэ и пэ иту кӀуэхэми и ужь иту кӀуэхэми макъышхуэкӀэ жаӀащ: – Хьусаннэ Даут и Къуэм деж! Зиусхьэным и цӀэкӀэ къакӀуэм щӀыхьышхуэр ейщ! Хьусаннэ! Тхьэуэ Лъагэм щӀыхьышхуэр ейщ!

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Маттэ 21:9
11 Iomraidhean Croise  

Уафэхэм щыӀэхэ, щӀыхь хуэфщӀ Зиусхьэным, лъагапӀэхэм щыпсэухэ, Зиусхьэным щӀыхь хуэфщӀ.


Хьисэ Ерусалим щыдыхьэм, къалэ псор къызэщӀэхъеяуэ, цӀыхухэм жаӀэрт: – Хэт мыр?


Дин пашэшхуэхэмрэ торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ* Хьисэ илэжьа Ӏуэху телъыджэхэр щалъагъум, сабийхэр Тхьэм и унэшхуэм щӀэту, «Хьусаннэ Даут и Къуэм деж!» жаӀэу къызэрыджар щызэхахым, ямыдэу


Сэ нывжызоӀэ, «Зиусхьэным и цӀэкӀэ къакӀуэм щӀыхьышхуэр ейщ» щыжыфӀэну махуэм нэсыху, сыкъэфлъагъужынукъым.


А щӀыпӀэм къыщикӀыжым, Хьисэ и ужь лӀы нэфитӀ къиувауэ къыкӀэлъыджэрт: – Даут и Къуэ, гущӀэгъу къытхуэщӀ!


АтӀэ фи къалэм Тхьэр нэфӀкӀэ къеплъыжынукъым. Сэ нывжызоӀэ, «Зиусхьэным и цӀэкӀэ къакӀуэм щӀыхьышхуэр ейщ» щыжыфӀэну махуэм нэсыху сыкъэфлъагъужынукъым.


«ЩӀыхьышхуэр уафэмкӀэ зейр Тхьэращ. ЩӀылъэмкӀи Тхьэр арэзы зыхуэхъу цӀыхухэм гузэгъэгъуэр яйщ».


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan