8 ЦӀыху гупышхуэм я щыгъынхэр гъуэгум хутраубгъуэрт абы, нэгъуэщӀхэми жыгхэм къудамэ къыпаупщӀурэ гъуэгум хутралъхьэрт.
Шыдыбзымрэ шыд шыщӀэмрэ къашэри, я щыгъынхэр абыхэм тралъхьащ, щыгъынхэм я щӀыӀум Хьисэ тетӀысхьащ.
ЦӀыху куэдым я щыгъынхэр Хьисэ гъуэгум хутраубгъуэрт, хадэхэм ит жыгхэм къудамэхэр къыпаупщӀурэ гъуэгум хутралъхьэрт нэгъуэщӀхэми.
Хьисэ шыд шыщӀэм тесу здэкӀуэм, цӀыхухэм я щыгъынхэр зыщахыурэ гъуэгум хутраубгъуэрт.
Щызэхахым, пальмэ жыгым и къудамэхэр къащтэри, Хьисэ пежьэну дэкӀащ, макъ лъагэкӀэ мыр жаӀэурэ: «Хьусаннэ! Зиусхьэным и цӀэкӀэ къакӀуэ Израил пащтыхьым щӀыхьышхуэр ейщ!»