2 мыпхуэдэу яжриӀэри: – Фяпэ ит жылэм фыдыхьэ. Фызэрыдыхьэу зы шыдыбз, и шыд шыщӀэр щӀыгъуу, епхауэ фрихьэлӀэнущ. Ар къыкӀэрыфтӀэтыкӀи, си деж къафшэ.
Абы ирепх жызумыпкъым езым и шыд джылур, жызумыпкъэ нэхъыфӀми – езым и шыдыбзым къилъхуар. ЕтхьэщӀ санэкӀэ и щыгъыныр, жызум Ӏэрамэхэм ялъкӀэ – езым и щыгъыныр.
Хьисэрэ и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ Ерусалим пэгъунэгъу хъуащ. Елеон Ӏуащхьэм и лъапэм тес Виффагие жылэм щынэсым, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщ цӀыхуитӀ япэ иригъэщаш,
Зыгуэрым зыгуэр къывжиӀэмэ, «Зиусхьэныр мыбыхэм хуейщ» жефӀи, шыдхэр къэфшэну хуит фищӀынущ асыхьэтым.
– Къалэм фыдыхьэ, – жиӀащ Хьисэ. – Сэ хэсха лӀы гуэрым деж фыкӀуи, жефӀэ: «Дин егъэджакӀуэм жеӀэ: Сэ си уахътыр къэблэгъащ. Сэрэ си гъуэгу ирикӀуэхэмрэ ӀутӀыж пщыхьэщхьэшхэ уи унэм щытшхынущ».