6 ИкӀэм-икӀэжым, сыхьэтыр тхум деж аргуэру дэкӀри, нэгъуэщӀхэри къыщрихьэлӀэм, абыхэми яжриӀащ: «Махуэ псом зыри фымыщӀэу мыбдежым щхьэ фыщызэхэт?»
– Жызум хадэр зейр шэджагъуэм дежи, сыхьэтыр щым дежи, аргуэру дэкӀри, нэгъуэщӀ Ӏуэхуншэ гуэрхэри хадэм игъэкӀуащ.
– «Ӏуэху дэзыгъэлэжьын дгъуэтакъым», къыжраӀащ абыхэм. – «Фэри фыкӀуи, си жызум хадэм фыщылажьэ. Къэвлэжьыр фэстынщ», яжриӀащ абы.
– Сыхьэтыр тхум Ӏуэхур зыублахэр къыщыкӀуэм, лэжьакӀуэхэм я унафэщӀым абыхэм динар зырыз яритащ.
– Сэ сыкъэзыгъэкӀуам и Ӏуэхухэр злэжьын хуейщ махуэ щӀыкӀэ. Жэщ хъунущ. Жэщ щыхъукӀэ, зыми зыри ищӀэн лъэкӀынукъым.
Афинэ къалэм щыщ псоми, абы дэс хамэхэми хъыбарыщӀэхэр яӀуэтэнымрэ едэӀуэнымрэ зыпащӀ щыӀэтэкъым, а Ӏуэхуми зэман куэд яфӀэфӀыпсу трагъэкӀуадэрт.
Фымыщхьэх, фӀэщхъуныгъэрэ шыӀэныгъэрэ зэраӀэм щхьэкӀэ Тхьэм къызэригъэгугъа Ӏуэхухэр ӀыхьэфӀу къызылъысыну цӀыхухэм я лъэужьым фрикӀуэ.