Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Маттэ 20:4 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

4 ЩрихьэлӀэм, мыпхуэдэу яжриӀащ: «Фэри си жызум хадэм фыкӀуи, къэвлэжьыр фэстынущ». Ахэри кӀуащ жызум хадэм.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Маттэ 20:4
12 Iomraidhean Croise  

– Жызым хадэр зейр пщэдджыжьым сыхьэтыр бгъум дэкӀри, нэгъуэщӀ лӀы Ӏуэхуншэхэр бэзэрым тету ирихьэлӀащ.


– Жызум хадэр зейр шэджагъуэм дежи, сыхьэтыр щым дежи, аргуэру дэкӀри, нэгъуэщӀ Ӏуэхуншэ гуэрхэри хадэм игъэкӀуащ.


АдэкӀэ кӀуэурэ, хьэкътын ахъшэр щыхах унэм деж щысу Маттэ зи цӀэ лӀы гуэр илъэгъуащ Хьисэ. – Си ужь къиувэ, – жриӀащ абы Хьисэ. Маттэ къэтэджри, Хьисэ и ужь иуващ.


Фэ фщыщ гуэрхэри абыхэм хуэдэ цӀыхуу фыщытащ. Ауэ дэ ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и цӀэкӀи езым и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀи Тхьэм фи гуэныхьхэр фи гум иригъэкъэбзыкӀыжащ, езым и бын хъунуи фигъэуващ икӀи езым дежкӀэ щыпкъагъэ фиӀэу илъытащ.


Тепщэхэ, фэри Зиусхьэн уафэм зэрыщывиӀэр фщӀэуэ, фи унэӀутхэм фазэрыхущытын хуейм тету икӀи захуэу фахущыт.


А псалъэхэр пэжщ. ТхьэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэр фӀы щӀэным хэтын щхьэкӀэ, а Ӏуэхухэм уи нэӀэ ину тебгъэтыну сыхуейщ. А Ӏуэхухэр фӀыщ, я фӀагъ цӀыхухэм йокӀ.


Аращи, фи цей къуакӀэ дэупщӀауэ, фигукӀэ хьэзыру фыщыт. ЗышыӀэныгъэ зивгъэӀэ. Хьисэ Мэссихь къыщыкӀуэжыну махуэм Тхьэм и нэфӀыр къызэрыфщыхуэным куэду фыщыгугъыурэ фыпэплъэ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan