3 – Жызым хадэр зейр пщэдджыжьым сыхьэтыр бгъум дэкӀри, нэгъуэщӀ лӀы Ӏуэхуншэхэр бэзэрым тету ирихьэлӀащ.
ЛэжьакӀуэхэр къыщигъуэтым, епсалъэщ, махуэм динар зырыз яритыну зэгурыӀуэри, и жызум хадэм игъэкӀуащ игъэлэжьэну.
ЩрихьэлӀэм, мыпхуэдэу яжриӀащ: «Фэри си жызум хадэм фыкӀуи, къэвлэжьыр фэстынущ». Ахэри кӀуащ жызум хадэм.
Хьисэ жорым щраӀулӀар пщэдджыжьым сыхьэтыр бгъум дежт.
Зыщыгугъ ахъшэ къэкӀуапӀэр зэрамыӀэжыр хъыджэбзым и тепщэхэм щалъагъум, Паулрэ Силэрэ яубыдри, тепщэныгъэ зиӀэхэм я пащхьэм къалэ утым щралъэфащ.
Фэ фызэригугъэм хуэдэу, мы лӀыхэр чэфкъым, сыту жыпӀэмэ пщэдджыжьыр иджыри сыхьэтибгъу хъуа къудейщ.
Абы нэмыщӀуи, Ӏуэху ямыщӀэу, унэрыхьэ-унэрыкӀыу къакӀухь я хабзэщ. Ӏуэху зэрамыщӀэм и закъуэкъым, атӀэ Ӏуэрвэрхэу, я Ӏуэху зыхэмылъым я Ӏуэху халъхьэу, жамыӀэпхъэр яӀуатэ.
Фымыщхьэх, фӀэщхъуныгъэрэ шыӀэныгъэрэ зэраӀэм щхьэкӀэ Тхьэм къызэригъэгугъа Ӏуэхухэр ӀыхьэфӀу къызылъысыну цӀыхухэм я лъэужьым фрикӀуэ.