12 «Дэ махуэ псом хуабэвэхым дыхэту, гугъу дехьу дылэжьа пэтми, ди ужькӀэ къэкӀуауэ зы сыхьэт нэхъ мылэжьахэм дахуэбгъэдащ», жаӀащ.
Ахъшэр Ӏахри, жызум хадэр зейм едауэу щӀадзащ.
– Адрейуэ, ипщэ лъэныкъуэмкӀэ къикӀ жьыр къыщепщэкӀэ, «Хуабэ дыдэ хъунущ» жывоӀэ, апхудэуи мэхъу.
Абы щыгъуэ дызэрызыщытхъужыр къэна? Хьэуэ, къэнакъым. Дэтхэнэ хабзэра ар жызыӀэр? Дэ тщӀэн хуей Ӏуэхухэр жызыӀэ хабзэра? Хьэуэ, фӀэщхъуныгъэм и хабзэрщ.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зы Тхьэ закъуэм нэмыщӀ, щыӀэкъым. Сунэт ящӀахэм фӀэщхъуныгъэ зэраӀэм щхьэкӀэ, Тхьэм абыхэм щыпкъагъэ яӀэу илъытынущ, сунэт ямыщӀахэми я фӀэщхъуныгъэмкӀэ Тхьэм дежкӀэ щыпкъагъэ яӀэнущ.
Нобэр къыздэсым дымэжэщӀалӀэщ, псыи дыхуэныкъуэщ. ЗыщыттӀэгъэн щыгъыни диӀэкъым, цӀыхухэм дызэрахуэ, уни диӀэкъым.
А щэхур мыращ: Мэссихь Хьисэ хамэ лъэпкъхэм я псэм щыщ хъууэ хъыбарыфӀыр зэращтам щхьэкӀэ, Тхьэм израил лъэпкъым къалъигъэс ӀыхьэфӀыр абыхэми къалъегъэс; а лъэпкъхэри израилхэм ящӀыгъуу зы пкъым щыщщ, Тхьэм израил лъэпкъыр къызэригъэгугъа ӀуэхуфӀхэм абыхэми я Ӏыхьэ хэлъщ.
Дыгъэр къыщӀокӀ, къыдокӀуэтей, хуабэ дыдэ мэхъу. Хуабэм удзыр егъэгъу. Удз гъэгъар полъэлъыжри, и дахагъэр мэкӀуэдыж. Апхуэдэ дыдэу къулейри, и Ӏуэхухэм ятхьэкъуауэ, кӀуэдыжынущ.